Дагъыстэныр иджы къапоплъэ«Кизиловкэ» сабий зыгъэпсэхупIэ лагерым щекIуэкIащ сабийхэмрэ еджапIэхэм щIэс щIалэгъуалэмрэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщащ «Шы-нагъуэншагъэм и школ» урысейпсо сабий-ныбжьыщIэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и программэм ипкъ иткIэ. Зэпеуэхэм хэтащ республикэм щIэныгъэ курыт щрагъэгъуэт школхэм щеджэ зи ныбжьыр илъэс 13 - 16 ит сабийхэр. Ахэр зэхьэзэхуащ лъэпощхьэпохэр къызэнэкIынымкIэ, мафIэсгъэункIыфI, къару эстафетэ зэхэтхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 13:19 →
Пхъэмыфыкъуэ лъапэ деж
02.05.2024 - 12:41 →
Сертификатхэр иратащ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
|