Мы гъэм и еплIанэ медаль

Челябинск къалэм дэт  Елесинэ Еленэ и цIэр зезыхьэ атлетикэ псынщIэмкIэ комлексым  мэкъуауэгъуэм и 23-м щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. 

Нечеухин Георгий фэеплъ хуащIа зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ 33-м къикIа спортсмен 400-м щIигъу. Абы етIуанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ диск дзынымкIэ атлет цIэрыIуэ Добренький Александр. И бгъэдыхьэгъуэ нэхъыфIхэм ящыщ зым метр 58,27-кIэ спорт Iэмэпсымэр зыгъэлъэта Прохландэ щыщ спортсменым жэз медалыр къылъысащ. 
Зэхьэзэхуэр зи фэеплъ Нечеухин Георгий марафон къызэдэжэмкIэ спортым и мастерщ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и тренерщ, «Челябинск областым щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» медаль къыхуагъэфэщащ, Атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо федерацэм и президентым и къуэдзэу щытащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди лъахэгъу Добренький Александр и дежкIэ иджырей зэпеуэр мы гъэм еплIанэ зэхьэзэхуэщ икIи спортсмен зэчиифIэм 2022 гъэмахуэ лъэхъэнэм къыщихьа еплIанэ медалщ. 
 

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться: