ГъэщIэгъуэнщ

Псэущхьэхэр фIыуэ тцIыхуу къытщыхъуж щхьэкIэ, дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ Iуэхум. Мы тхыгъэмкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ абыхэм ящыщ зыбжанэм.

КIэпхъхэр мыхъуатэмэ, апхуэдиз жыг дунейм темытынкIэ хъунт. Сыту жыпIэмэ, гъуэмылэу ягъэтIылъа жылэхэр щагъэпщкIуар зэращыгъупщэжым и фIыгъэкIэ, ахэр щIым хокIэ.
Пылым и зы дзэр килограмми 9 мэхъу.
БыдзышэкIэ япI псэущхьэхэм я лъыр плъыжьщ, хьэпщхупщым ейр гъуэжьщ, омарым - щIыхущ.
ХъумпIэцIэджхэр зэи жейкъым. ХъумпIэцIэджым махуэм тIэу къызэтеувыIэурэ, дакъикъи 8-кIэ зигъэпсэхуа нэужь, лэжьыгъэм пещэж.
Африкэ Курытым къыщыхъуа басенджи хьэ лъэпкъыр къызэрыгуэкI унагъуэхьэм ещхьщ, зэи банэркъым жумыIэмэ.
Хыбжыр (дельфиныр) щыжейм деж и щхьэ куцIым и зы лъэныкъуэращ зызыгъэпсэхур, адрейр Iэгъуэблагъэм къыщыхъум «кIэлъоплъ». Аращ сытым дежи я нэ лъэныкъуэр щIзэтехар.
Метр 20 зи кIыхьагъ угорь бдзэжьей лъэпкъым къыпкърыкI электрокъарум уэздыгъэ 12 пигъэнэфынущ.
Блэхэм я напIэр зэтепIами, ихъуреягъкIэ къэхъур ялъагъу.
Дзыгъуэшхуэхэр мэдыхьэшх, бгъэкIылмэ.
Метр 300 зи кIыхьагъ гъуэ зы жэщым къриубыдэу щIитIыкIыфынущ щIыIубнэфым.
Къуаргъым Iей епщIамэ, ищIэр ищIэжу уигъэбэмпIэфынущ, ар апхуэдизкIэ леймыгъэгъущи.
Жэмыр мэбу, хьэр мэбанэ, адакъэр маIуэ. Ауэ жирафым макъ иIэкъыми, зыри къигъэIуркъым.
Мэшбэвыр къабзэлъабзэщ. Ар шха нэужь, «кърикъухьар» зэщIекъуэж.
Мыщэ хужьхэр сэмэгурыгъазэщ.
Бдзэжьей дыщафэхэм напIэзыпIэм къэхъуаращ ящIэжыр, апхуэдизкIэ щыгъупщэхщи.
Креветкэм и гур и щхьэм илъщ.
НэщIэпкIэр къэмыушу илъэсищкIэ жеифынущ.
Страусым и нэр и щхьэ куцIым нэхърэ нэхъ инщ.
Дыгъужьым зэ шхэгъуэу лы килограмм 20 хуэшхынущ.
ЩыIэщ хьэндыркъуакъуэ лIэужьыгъуэ, и щхъухь ткIуэпсымкIэ цIыху 2200-рэ хуэукIыну.
Акулэхэр динозаврхэм япэIуэкIэ псэуащ. Абыхэм я къупщхьэлъапщхьэ къагъуэтахэм илъэс мелуан 450-рэ я ныбжьу къахутащ щIэныгъэлIхэм.
Пингвинхэр «щызэрышэкIэ», хъум мывэ цIыкIу саугъэт хуещI и щIасэм. Ар бзым къищтэрэ и абгъуэм ирилъхьэмэ, «псэлъыхъум» дэкIуэну арэзыуэ аращ.
Дыщэджэдым (павлиным) нэхъ бзу дахэ щымыIэу жаIэ. Ауэ абы и кIапэ щхъуэкIэплъыкIэр пымытатэмэ, къызэрыгуэкI адакъэм ещхьынут.
Махъшэр тхьэмахуитIкIэ псы емыфэу мэпсэуф.
Дзыгъуэшхуэхэр апхуэдизкIэ псынщIэу мэбагъуэри, зы илъэсым къриубыдэу зэхъу-зэбзым мелуаным нэс шыр къащIохъуэ.
ХьэIуцыдзыр (шакалыр) щIы щIагъым щIэсу малъхуэ.
Бжьэм игъэIу «жьжьжь» макъыр къыздикIыр фщIэрэ? И дамэхэм. Абы дамиплI тетщ, зы дакъикъэм 11400-рэ иIэту.
Тарантул бэджыр илъэситIкIэ псэуфынущ ерыскъыншэу.
УIэгъэ хъуа е къэщта опоссумыр къытохуэ, лIам хуэдэу. Абы и нэм гъащIэ щIэмытыжу мэдий, и жьэм тхъурымбэ къыжьэдокI, мэ ещI. Ар зыгъэшынар е къещакIуэр IукIыжмэ, опоссумыр, зыри къыщымыщIам хуэдэу, къызэфIоувэж.
Ирландием, Исландием, Гренландием, Антарктидэм блэ щыIэххэкъым.
Сахарэ къумым щыпсэу хъумпIэцIэджыщхъуэхэм градуси 158-рэ хуабэу яхуошэч.
Бэджейхэр (скорпионхэр) жэщым къоблэ.
Японием ущыхуозэ ягъэсауэ тыкуэным щыщэхуэф номин.
Дзыгъуэр зи цIыкIуагъ къупщхьэ 230-рэ иIэщ. ЦIыху балигъым 206-рэщ иIэр.
Дунейм псэущхьэ лIэужьыгъуэу тетым и процент 70-р бактериещ.
НэщIэпкIэм дзэ мин 25-рэ Iутщ.
ЩыIэщ хьэмбылу лъэпкъыгъуэ, шхын щимыгъуэтым деж езым и процент 95-р ишхыжрэ, иужькIэ къыпыкIэжу.
Колибри бзу цIыкIум къикIухьыфыркъым.
Дунейр къызэригъэщIрэ, ЩIым щыпсэуа псэущхьэхэм я процент 99-р кIуэдыжащ.
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: