Монголием дыщэ медаль кърех

Урысейм щыщ шапсыгъ щIалэ, дзюдомкIэ бэнакIуэ Угольников Михаил Монголием и щыхьэр Улан-Батор мэкъуауэгъуэм и 26-м щекIуэкIа «Тажышхуэ» зэхьэзэхуэм дыщэ медаль къыщихьащ. 
Къэрал ныпым и лъабжьэ щIэтыну Iэмал ямыIа пэтми, УФ-м икIа гуп къыхэхам хэтахэр медалкIэ зэщIэблауэ къэкIуэжащ. Килограмм 90 нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм яхэту бэна Угольников Михаил дыщэкIэ иришэжьа Iуэхур адэкIи къеIэбыхыжакъым. ТекIуэныгъэр зыхуэфащэр щызэхэкIын хуей бэнэгъуэм шапсыгъ щIалэм къыщыхуэзат Узбекистаным щыщ Бобонов Давлат. Михаил и текIуэныгъэм къыкIэлъыкIуащ Каниковский Матвейрэ Тасоев Иналрэ я дыщэхэр. Урысейм икIахэм псори зэхэту дыщэ медалитхурэ домбеякъ медалитIрэ къахьащ, абы ищIыIужкIэ гуп зэпеуэми япэ увыпIэр щаубыдащ. ЕтIуанэ увыпIэр яIэрыхьащ Японием икIахэм, ещанэр – Монголием щыщхэм. 
Нэгъуч Жэнболэт и гъэсэн цIэрыIуэр и лъэпкъэгъухэм фIыуэ яцIыху. Илъэс кIуам Париж щекIуэкIа зэпеуэм домбеякъ медаль къыщихьа нэужь, «Шыу Хасэм» и жэрдэмкIэ Угольниковым адыгэш иратауэ щытащ. 
- Мишэ игукIи и псэкIи ирогушхуэ адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIам, - жиIащ абы щыгъуэм хыIуфэIус шапсыгъхэм Шы гъэхъунымкIэ я Хасэм и унафэщI Ныбэ Жамболэт. – Абы и анэр пасэрей шапсыгъ лъэпкъыжь Аллэлохэ ящыщщ. Езы щIалэр щIэх-щIэхыу къуажэм къокIуэж, и лъэпкъым теухуауэ нэхъыбэ къызэрищIэным иужь итщ. ЩIалэм игу хэхъуэу щетIагъэ цейри, хъурыфэ пыIэри, щIакIуэри, куэд щIауэ шы шэсыну зэрыхуейр ящIэрти, «Шыу Хасэм» щыщхэм а гуращэр кърагъэхъулIащ. 
И пхъурылъхум щыгуфIыкI и адэшхуэ Аллэло Щэрэхьмэт, «адыгэлI хъупа» щIалэщIэм ехъуэхъуну къуажэм къеблэгъа Агуей-Шапсыгъым и нэхъыжьхэр, «Шыу Хасэм» щыщ щIалэхэр икIи, дауи, дзюдомкIэ и гъэсакIуэ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Нэгъуч Жэнболэт сымэ кърихьэлIауэ щытащ а махуэшхуэм. Зэрытлъагъущи, нэхъыжьхэм я дзыхьыр щIалэм игъэпэжащ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: