Дунейм щыхъыбархэрНобэ США-м и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1776 гъэм Iэ традзащ США-р зыми и унафэ зэрыщIэмытыр щIэзыгъэбыдэ Декларацэм. Югославием щагъэлъапIэ я щхьэхуитыныгъэм щIэбэнахэм я махуэр Фашистхэм Латвием щыпсэу журтхэм цIыхугъэншагъэ щыкIэлъызэрахьам хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м Ригэ нэмыцэхэм щагъэсащ журтхэм я тхьэелъэIупIэхэр, абы екIуэлIахэри зэрыщIэсу. 1819 гъэм къэхутэныгъэ Iуэху яIэу Кронштадт щежьащ «Восток», «Мирный» кхъухьхэр. Экспедицэм и унафэщIыр адмирал Беллинсгаузен Фаддейт. А зекIуэрщ къыщызэIуахар «еханэ контитент» зыфIаща Антарктидэр. 1848 гъэм Маркс Карлрэ Энгельс Фридрихрэ я «Коммунист партым и манифест» лэжьыгъэр къыдэкIащ. 1946 гъэм Кёнигсберг къалэм и цIэр Калининград жиIэу зэрахъуэкIащ. 1950 гъэм «Европэ щхьэхуит» радиостанцым лэжьэн щIидзащ. 1957 гъэм цIыху къызэрырашэкI «Ил-18» кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэр япэу уэгум ихьащ. 1991 гъэм УФ-м къыщащтащ Арбитраж судым теухуа законыр. 2004 гъэм Алыджым и тхыдэм щыяпэу а къэралым и футболистхэр Европэм и чемпион хъуащ. 2007 гъэм Дунейпсо Олимп комитетым Гватемалэм щригъэкIуэкIа 119-нэ сессием унафэ къыщащтащ 2014 гъэм щIымахуэ Олимп джэгухэр Сочэ щегъэкIуэкIыным теухуауэ. 1766 гъэм къалъхуащ убыххэм я дзэпщ цIэрыIуэу щыта, Кавказ зауэм и лIыхъужь Бэрзэдж Дэгумыкъуэ Хьэжы-Исмэхьил. 1790 гъэм къалъхуащ Британием щыщ геодезист, Индием и щIыналъэм и топографие сурэтыр зыщIа, Джомолунгмэ бгым и лъагагъыр япэу къэзыхута Эверест Джордж. Дунейм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм абы и цIэр щIыфIащари а лэжьыгъэшхуэрщ. 1927 гъэм къалъхуащ Италием щыщ актрисэ цIэрыIуэ Лоллобриджидэ Джинэ. 1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард. 1930 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артист Мкртчян Фрунзик (и цIэ дыдэр Мгерщ). 1967 гъэм къалъхуащ тележурналист Жэман Мадинэ. 1975 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион Бажэ Заудин. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 – 23-рэ, жэщым градус I3 - I4 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: ФIы зыщIэр фIы IуощIэжри, Iей зыщIэри Iей IуощIэж. Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:23 →
НОБЭ
19.04.2024 - 15:55 →
Ажэгъуэмэ - уэсхэкIыкI - уэсчэсей
18.04.2024 - 16:13 →
НОБЭ
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
17.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
|