Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

        Электрокъарур къызэрагъэсэбэпыр къызэтегъэувыIэным е гъэмэщIэным теухуа Хабзэм, «Электрокъарум и розницэ рынокхэр зэрагъэлажьэм, электрокъарур  къэгъэсэбэпыныр къызэрызэтрагъэувыIэм  е зэрагъэмащIэм и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм 2012 гъэм накъыгъэм и 4-м къыдигъэкIа унафэ №442-мкIэ къащтам, и 15-нэ пунктым тету:

1.Къагъэсэбэп электрокъарур (лъэщагъхэр) гъэмэщIэным экономикэ, экологие, социальнэ зэраныгъэхэр кърикIуэнкIэ хъуну IуэхущIапIэхэм я спискэр къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.

2.Къару имыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 202I гъэм мэкъуауэгъуэм и II-м къыдигъэкIа унафэ № 65-РГ-м.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м

№75-РГ

Поделиться: