Нобэ

Лэжьэрейм и дунейпсо махуэщ 
Армением и Конституцэм и махуэщ
Аргентинэм щагъэлъапIэ Сабийхэм я махуэр
Тыркумэным и хеящIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Венесуэлэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. Америкэ Ипщэм Испанием щиIа колониехэм ящыщу Венесуэлэращ щхьэхуит хъуным и Iуэху япэу зезыхуар икIи I8II гъэм ар абы къехъулIащ.
Брянск, Калугэ, Новгород областхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ (1944 гъэм)
1829 гъэм
Урал щIыналъэм и къухьэпIэмкIэ Урысейм щыяпэу налмэс зыщIэлъ щIыпIэ къыщагъуэтауэ щытащ.
1841 гъэм инджылыз Кук Томас дунейм щыяпэу турист агентствэ къызэIуихащ.
1865 гъэм къызэрагъэпэщащ США-м и щэхурылажьэ IуэхущIапIэр.
1921 гъэм къэрал IуэхущIапIэхэр цIыху щхьэхуэхэм бэджэнду къащтэну хуит зэращIым теухуа унафэ совет Урысейм къыщащтащ.
1924 гъэм Париж къыщызэIуахащ УIII гъэмахуэ Олимп джэгухэр.
1943 гъэм Курск деж щекIуэкIа зауэшхуэм щIидзащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым щыIа зэпэщIэтыныгъэ нэхъ гуащIэ дыдэхэм хабжэ а зауэр шыщхьэуIум и 23 пщIондэ екIуэкIащ.
1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ.
1978 гъэм СССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комитетыр СССР-м и Министрхэм я Советым и унафэм къыщIагъэкIащ.
1995 гъэм «Си Москва» уэрэдыр УФ-м и къалащхьэм и гимну къащтащ. Абы и псалъэхэр ятхащ усакIуэхэу Лисянский Марк, Агранян Сергей сымэ, макъамэр композитор Дунаевский Исаак ейщ.
1663 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и пщы уэлий, Къэнжал зауэм текIуэныгъэр къыщызыхьа адыгэдзэм и пашэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ.
1802 гъэм къалъхуащ урысей дзэзешэ, адмирал Нахимов Павел.
1900 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Абыкъу Хъалид.
1901 гъэм къалъхуащ совет режиссёр, Гуащэхэм я театр нэхъыщхьэм и къызэгъэпэщакIуэу щыта икIи и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Образцов Сергей.
1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Апажэ Мухьэмэд.
1941 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Даут Юрэ.
1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Алий Сулеймэн.
1963 гъэм къалъхуащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат, «Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Къул Фардаус.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 23-рэ, жэщым градус I4 – I6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Адыгэм и ныбэ егъэныкъуэри, и шым и ныбэ ирегъэкъу.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ