Фадэм зыщызыдзейхэм я зэгухьэныгъэт

  Томас Кук - 1808-1892 гъэхэм псэуа инджылыз хьэрычэтыщIэр  - цIэрыIуэ зыщIар ди планетэм турист IуэхущIапIэ япэ дыдэу къызэрыщызэIуихарщ, щIыпIаплъэхэр гупышхуэу зэщIигъэуIуэрэ иришажьэу.  

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, а лъэхъэнэм хуэзэу, Инджылызым хуабжьу щыхэхъуэрт фадэ зи нэрыгъхэм я бжыгъэм. А зэманым ирихьэлIэу, Кук чыристан диным и зы къудамэу ябж баптист унэтIыныгъэу фадэ ефэныр зыгъэхьэрэмым и телъхьэ хъуати, еш жыхуаIэр имыщIэу, а Iуэху мыдахэм цIыхухэр къызэрыхишыным яужь итт.    

Томас Кук и пщэ дилъхьэжа къалэныр зэригъэзэщIэным хущIэкъу зэпытти, I840 гъэм запищIащ езыр къыщыхъуа Дербишир щIыналъэм (Мельбурн къалэ) щаутIыпщагъащIэ гъущI гъуэгур зейхэм. Ахэр здигъэIэпыкъуурэ, фадэм зыщызыдзейхэм я зэгухьэныгъэу къызэригъэпэщам хэтхэр Лафборо къалэ цIыкIум езым щригъэкIуэкIа зэхуэсым иришэлIауэ щытащ. А зекIуэ цIыкIум хэтахэм иужьым зэрыжаIэжамкIэ, ар абыхэм я дежкIэ хуабжьу гукъинэжу къыщIэкIащ. Сыту жыпIэмэ, фадэр IэщIыб зыщIахэм ящыщу гъусэ зыкъыхуэзыщIахэм къызэгъэпэщакIуэм гъуэгум гулъытэшхуэ щахуищIащ. Уеблэмэ езым и ахъшэ тIэкIумкIэ къахуигъэхьэрычэта гъуэмылэри, гуапагъэ ин пылъу, ятригуэшат.  

Ауэрэ здекIуэкIым, I84I гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м зи ныбжьыр илъэс 33-м нэблэгъа Томас Кук Инджылызым щызэхишащ ди планетэм щыяпэ дыдэу къалъыта турист зекIуэу цIыху куэд зыхэтар.

Зэрыхъуар аращи, Томас Кук и лъэIукIэ, Midland Counties Railway зи фIэщыгъэ гъущI гъуэгу компанием къахуигъэхьэрычэтащ езым зэщIигъэуIуа цIыху 570-р зекIуэ зэрыришэжьэн вагон зэкIэрыщIахэр. МафIэгур ирикIуащ Инджылызым и курыхым щыIэ Лейстершир графствэм ит Лейстер, Лафборо къалэхэм я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэ нэгузыужьым.

Иужьым а къэралым и гъущI гъуэгу зэгухьэныгъэ адрейхэми къаублащ (езыхэм я цIэхэри фIыкIэ зэрагъэIун IэмалыфIу зэрыщытыр къагурыIуати) уасэ нэхъ зэгъ зытрагъахуэ зекIуапщIэхэр (билетхэр) Томас Кук и турист IуэхущIапIэм иращэу. Ари и зы щхьэусыгъуэу, щIыпIаплъэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэж хъууэ хуежьат.

Томас Кук тхылъхэр къыдэгъэкIыным пыщIа IэщIагъэми хуэIэзэти, «Фадэр IэщIыб зыщIахэм я зэхэзекIуэкIэ» зыфIища и журналри дунейм къытригъэхьащ. Абы къыдэкIуэуи, I847 гъэм къызэIуиха «Турист жылагъуэ» зэгухьэныгъэм и цIэкIэ путёвкэ зэгъэпэщахэр ярищэу иригъэжьащ Инджылызым и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэм къыщызыкIухьыну хуейхэми.   

Тхыдэ мыжыжьэм иригъуазэхэм зэрыжаIэмкIэ, къэралхэр зэлъэзыгъэIэс туризмыр апхуэдэ щIыкIэм тетущ ди планетэм къызэрытехьар. Къэдгъэлъагъуэмэ, 1850 гъэхэм къриубыдэу Европэм къыщыунэхуащ къалэу итхэм я нэхъыбэр зэпызыщIэ турист гъуэгуанэхэр. Иужьым «туризмым и менеджер» зыфIаща IэнатIэу хэгъэгу жыжьэхэр зэлъэзыгъэIэсри япэ дыдэу къэзыгупсысауэ щытар Томас Кукщ.

  

 

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: