Саугъэт нэхъыщхьэхэр зыIэрагъыхьэ

Севастополь къалэм дзюдомкIэ и федерацэм и саугъэтхэр къэхьыным ехьэлIа урысейпсо зэхьэзэхуэ мы махуэхэм екIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ псоми къикIа зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуа спортсмен 200-м нэблагъэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ зэхьэзэхуэм щыбэнащ дзюдоистих. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм пашэныгъэхэр щаубыдащ Байрамкулов Алим (кг 50), Уэзы Iэдэм (кг 55-рэ), Дер Айдэмыр (кг 73-рэ) сымэ. Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Бер Русланрэ (кг 50) Абдулаев Салимрэ (кг 66-рэ). Атэбий Тамерлан (кг 46-рэ) ещанэ увыпIэр иубыдащ. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ шыщхьэуIум и 25-29-хэм Мордовием и къалащхьэ Саранск щекIуэкIыну урысейпсо зэпеуэм. 
Спортсменхэр ягъасэ Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ. 

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться: