Тэрч къалэ щыхьэщIащНалшык къалэм и ЦIыхубзхэм я советым и унафэщI Дыджэш Лидиерэ бын куэд зыпI унагъуэ зыбжанэрэ Тэрч къалэм дэт музейм иджыблагъэ щыхьэщIащ.
Къэбэрдей-Балкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I00 щрикъум, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ Iэужьым и илъэсым хуэгъэпсауэ къызэрагъэпэща зэIущIэм щIэблэм я къэкIуэнум, ахэр щагъасэкIэ нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIыпхъэу къалъытэ Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьащ абы.
Иужьрей илъэсхэм щIыналъэм зэрызиужьам, цIыху щхьэхуэхэм я ехъулIэныгъэм хьэщIэхэр щигъэгъуэзащ, абыхэм я упщIэхэми жэуап иритащ Музейм и унафэщI НыфлъащIэ Светланэ.
Абы утыку къыщрахьат «ЛIэщIыгъуэхэм къыпхаха гъуазджэ» фIэщыгъэм щIэту ягъэIэпхъуэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Ар зыгъэхьэзырар Тэрч къалэм Сабий творчествэмкIэ и центрырщ.
ГъуазджэхэмкIэ сабий школым щеджэхэу Балъкъэр Идар, Дадэ Ахьмэд, Джаурджий Дмитрий, Щомахуэ Ислъам сымэ хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ. Ахэр зыгъэхьэзырар КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэрэ хормейстер Къуэн Асиятрэщ.
Дыджэш Лидие бысымым фIыщIэ яхуищIри ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ яIэну.
НыфлъащIэ Светланэ илъэс куэд щIауэ зыдэлажьэ, закъыщIэзыгъакъуэ IуэхущIапIэхэм ящыщу Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и къудамэу Тэрч щIыналъэм щыIэм и унафэщI Чэрты Зое, Сабий гъуазджэхэмкIэ школым и унафэщI Чалая Татьянэ, Сабий творчествэмкIэ центрым и унафэщI Тау Иринэ сымэ фIыщIэ яхуищIащ.
ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ гуапэу зэбгъэдэсащ, къаIэта Iуэхугъуэ елъытауэ щхьэж и гупсысэ, и Iуэху еплъыкIэ жаIэну.
Поделиться:
Читать также:
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
01.05.2024 - 11:18 →
CурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ
01.05.2024 - 10:01 →
ЗэчиифIэм и щапхъэ
01.05.2024 - 08:58 →
Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|