Зыми емыщхь джэгуакIуэ

Агънокъуэ Лашэ (и цIэ дыдэр Адэлджэрийт, ауэ и анэр ЛашэкIэ еджэурэ, абы къытенат) Уэсмэн и къуэр I85I гъэм Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.

Къулейуэ щымытми, уэркъым къыхэкIа Агънокъуэр профессиональнэ джэгуакIуэ-усакIуэт, афIэкIа IэщIагъи, къулыкъуи, IуэхущIафи имыIэу, абы ирипсэууэ. ДжэгуакIуэ-усакIуэ жытIэу а псалъитIыр къыщIэтхьыр Лашэ, джэгуакIуэ къудей мыхъуу, усакIуэшхуэу, усакIуэ къудей мыхъуу, джэгуакIуэшхуэу щытащи аращ. Абы щIытедгъэчыныхьыр джэгуакIуэмрэ усакIуэмрэ къалэн зырыз, IэщIагъэ зырыз зэраIэрщ. А тIур зэдэзыхьыфынур зэчиишхуэ зыбгъэдэлъырщ.

Лашэ джэгум здыхэтым, кIуэрыкIуэм здытетым, а дакъикъэм и нэмкIэ илъагъум хужиIэн къыхуигъуэтурэ, и усэхэр зэхилъхьащ. ДжэгуакIуэр кIуэрыкIуэм здытетым екIуу, губзыгъэу усэн щхьэкIэ, икъукIэ набдзэгубдзаплъэу, акъыл жанрэ бзэ дахэрэ иIэу щытын хуейт.

Апхуэдэуи щытащ Лашэ. Ар сыт хуэдэ Iуэхугъуэм темыусыхьами, хэт хуэмыусами, зэгъэкIуауэ, шэрыуэу усэбзэ дахэкIэ зыхуеяр къиIуэтащ. Лашэ и усэхэр гукIэ зэхилъхьэрт, и пхъэцIычыр иIыгърэ тригъауэу, езыр жьэкIэ пшынэ еуэу, и жьэ пшынэр зэпигъэумэ, и усэм щIидзэрэ «уейт» жиIэу къафэ-къэуджу джэгум хэту щытащ. И гушыIэкIэ, и псэлъэкIэ къудейм къыщымынэу, и IэпкълъэпкъкIэ, и джэгукIэ-зыщIыкIэкIэ цIыхухэр тригъэууэ, игъэгушыIэу утыкум итащ.

Агънокъуэр джэгуакIуэу утыкум щихьам къыщыщIэдзауэ, дунейм ехыжыху тепщэныгъэр зыIыгъ лIакъуэлIэшхэмрэ и джэгуакIуэ лэжьыгъэмкIэ зэран къыхуэхъухэмрэ ебэнащ. Лашэ хуейт къулейхэм я мылъкумкIэ тхьэмыщкIэ лIыщIакIуэхэр зыдагъэгуэшэну, цIыхухэр зэхуэдэу щытыну, зэрылъэкIкIи ар зылъэмыкIхэм ядэIэпыкъуащ.

Агънокъуэм и усэхэр IуэрыIуатэ хъужауэ нобэ нэхъыжьхэм къаIуэтэж. Абы и усэхэмрэ IуэрыIуатэхэмрэ икъукIэ зэхэгъэкIыгъуейщ. Ар къызыхэкIыр Лашэ цIыхубэ усакIуэу, бэм яхэлъ псалъэ шэрыуэхэмрэ псалъэжьхэмрэ куэду къигъэсэбэпу зэрыщытарщ. Апхуэдэу щыт пэтми, а усэхэр джэгуакIуэ-усакIуэм и гумрэ и псэмрэ къыбгъэдэкIыу, нэгъуэщI фащэкIэ ихуэпауэ къиIуэта усэхэщ. Аращ Агънокъуэр ди дежкIэ нэхъри щIэлъапIэр. Ар джэгуакIуэ къудейм къыщымынэу, зыми емыщхь усакIуэу щытащ.

Лашэ зэ жиIа усэр етIуанэу жиIэжакъым. Абы а зы усэр цIыхухэм яригъэщIэн щхьэкIэ, жиIэу къикIухьакъым. Ауэ абы и усэхэр апхуэдизкIэ шэрыуэт, гурыхьт, гъэщIэгъуэнт, цIыхубэм я гум къипсэлъыкIырти, а зэ жыIэгъуэм цIыхухэм япхъуатэурэ, гукIэ зрагъащIэрт. Ар япэ зэхэзыхыу зи гум изыубыдам, цIыхум яхихьэжащ.

I9I8 гъэм и ныбжьыр илъэс 67-м иту Агънокъуэ Лашэ Уэсмэн и къуэр дунейм ехыжащ.

 

И щхьэгъусэм зэрыхуэусар

Ей, си гуащэжьурэ

Гъэмахуэ акъужьым нэхърэ нэхъ гуапэ,

Зи гупэр жэнэтым ефIэкI,

IэфIыкIэр сабийхэм яIэщIэзылъхьэ,

УкъысIэщIилъхьэри, си унэр къибгъащ:

Бгъэ къыппэмылъэщу укъуртщ;

Сабийр мэжалIэмэ, ухьэлу Iыхьэщ;

Уи щхьэгъусэр зэшмэ, уфадэ пIащIэщ,

Жанхъуэтхэ я гуащэу улъагэщ,

Дохъушокъуэхэ япхъуу удахэщ.

 

ЩIалэ цIыкIум жриIар

Ей си шынэхъыщIэурэ щIалэфI,

Сэри нэхъыщIэгъуэ сиIащ –

Мо уи лъэгуажьэр зэрытым

Си щхьэр щитаи щыIащ.

Аращ, мы дунеижьыр чэзущ,

КъеджэрэзэкIыурэ дызэблехъу,

Уи гур хэгъахъуэ упсэуху тIэкIу:

Шэрэджыпсым укъыхэмыкI,

ШхуэмылакIэри умыутIыпщ.

Щолэхъум ушэсмэ, къэгъафэ,

Фадэм и IэфIми зыхыумыгъэн,

Дыгъэр плъагъухуи щыгуфIыкI,

Ауэ пхъэIэщэкIыр умыутIыпщ, -

Ар зэрыбутIыпщу тхьэмыщкIэ ухъунщ.

Дунеижьри ухуэлэжынщ.

 

ГъащIэм хужиIар

Алыхьталэр дэ къытщхьэщытщ,

Дызытетыр гупыкIыгъуейщ.

 

Ей дунеижьу бжьэ фоужь матэ,

Уи фор къыдумыту утIэщIатхъыжри!

 

Фадэм и IэфIыр уи бэт,

ЦIыхубзым и дахэр уи нэхъыбэжт.

 

ЗылI и ныбжьыр уи зы лъэбакъуэт,

Мин ирикъуами, сфIэмыкуэдынт.

 

***

ЦIыхубзыр дунейм и дыгъэщ,

ЦIыхубзыр дунейм и мазэщ;

Фызмэ – гъащIэ гукъинэщ,

Анэмэ – дунейм и жылэщ.

ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми,

Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым.

Поделиться: