ЦIыху IэпщIэлъапщIэ

 Ди щIыналъэм нэхъ IэпэIэсэу исхэм ящыщщ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав. Абы гъукIэным, дыщэидэм, арджэным, уанэ щIыным я щэхухэр езыр-езыру къихутэжащ (нэхъыжь закъуэтIакъуэхэр и щIэгъэкъуэну). Адэжьхэм я IэщIагъэхэр щIэблэм къезыгъэщтэжыну хущIэкъухэм ар зэращыщри гуапэщ. 
 
 Мэстафэм и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ ди республикэми, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыпIэхэми хамэ къэралхэми щекIуэкIащ абы и лэжьыгъэхэр цIыху щхьэхуэхэм я коллекцэхэм щахъумэ. 
Ар ящыщкъым утыку зыфIэфIхэм, фэрыщIыгъэ зыхэзагъэхэм. Абы лъэпкъым къыхуиIэт уадэр «къыщытехуэж», абы хуигъэлажьэ мастэр и Iэпэ «щыхэуэж» куэдрэ къэхъуащ. НэгъуэщI зыгуэрмэ, Тхьэм кърита зэфIэкIыр зэрищэжрэ куэд щIат. Мэстафэр зыхуэнэпсейр мылъкукъым икIи былымкъым, атIэ лъэпкъ щIэинырщ, Iэм и хуабагъ зыхэлъ хьэпшыпхэр ди япэ итахэм яхуэфащэу зехьэнырщ. 
 Зи зэфIэкIыр къуэпсыбэ Мэстафэм и IэдакъэщIэкIхэм хуэдэу, гъащIэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэри гъэщIэгъуэнщ, гупсысэ куукIэ гъэнщIащ. Абы зыхуэдгъазэри депсэлъащи, къыджиIахэм щыгъуазэ фахудощI. 
КъежьапIэр
 Илъэс пщыкIухым лэжьэн щIэздзэри, IэнатIэ I3-м щIигъу зэсхъуэкIащ, нобэ сызыпэрытым сыхуэкIуэн ипэ. Илъэс 27-м ситу IэщIагъэ псори сIэщIэужэгъуат. Аргуэру сыдэзыхьэхын къэслъыхъуэурэ дэрбзэр гуэрым и деж сыщылэжьэну сригъэблагъэри, IэщIагъэр сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. ИужькIэ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэм я щIыкIэр зэзгъэщIэну яужь ситурэ сыдихьэхащ. СыщIэупщIэмэ, къызжезыIэн згъуэтыртэкъыми, тхыпхъэр Iуданэ зырызу зэпкърысх-зэпкърыслъхьэжурэ и дыкIэр къэзубыдырт. IэщIагъэм и щэхухэр жезгъэIэну зызыхуэзгъазэ лIыжьхэми сызыхуейр тыншу къасхупыхыртэкъым. Хэти хуейтэкъым Iуэхум сыхигъэгъуэзэну, хэти IэщIэгъупщыкIыжати, къезгъэщIэжын папщIэ сыхьэт зыбжанэкIэ сеуэршэрылIэурэ сабгъэдэсырт (лIыжьиплIрэ зы нанэрэщ а IэщIагъэхэм хащIыкIыжу сызрихьэлIар). 
  Апхуэдэурэ сыдэзыхьэха IэщIагъэм илъэс щэщIым щIигъуауэ и щэхухэр къызотIэщIри, сухыркъым. Лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэхэмрэ абыхэм я къэгъэсэбэпыкIэмрэ я мыхьэнэр къыбгурыIуэмэ, удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Ди лъэпкъым къыщIэна фащэхэм, IэрыкIхэм сыщеплъкIэ зы лъэныкъуэкIэ сигу хохъуэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIи зэфIэкI зиIахэм сохъуапсэ. 
  Урысей этнографие музейм Кавказым, Къэзахъстанымрэ Азие КурытымкIэ и къудамэм и унафэщI Дмитриев Владимиррэ сэрэ адыгэхэм я IэдакъэщIэкIыу музейм щIэлъхэм ятеухуа тхылъ къыдэдгъэкIащ. Мазихым щIигъукIэ музейм сыщIэсати, зэи ямыгъэлъэгъуа хьэпшып куэдым сурэт тесхри тхылъым изгъэуващ. Согугъэ цIыхухэм къахуэщхьэпэну. 
  Музейм щыслъэгъуа хьэпшыпхэм сигурэ си щхьэрэ зрагъэбгъэжащ. Сыту хъыджэбз Iэпэ Iэсащэхэр диIа! Александр Ещанэр и щхьэгъусэ Марие Фёдор и пхъур и гъусэу Кавказым къыщыкIуам, адыгэпщхэм абы тыгъэу иратауэ щыта бостейр слъэгъуащ. Узримыгъэплъу дахэщ. Абы лэжьыгъэшхуэ зэрырахьэлIар зымылъэгъуам и фIэщ пхуэщIынкъым, ауэ нэхъыщхьэр аракъым, атIэ езы фащэм и зэхэлъыкIэрщ. МыщIэлъэгурыдэ, тхыпхъэ, уагъэ… а бостейр зымыгъэдахэр сыт?! 
  Тхыдэм къыхэщыжу зы гъэщIэгъуэн бжесIэнщ. Пасэ зэманым хъыджэбзхэм чысэ цIыкIу яIэти, абы и лъэныкъуэхэр зэмыщхьу хэдыкIат. ЗымкIэ тет тхыпхъэм хъыджэбзым псэгъу хуэхъунур къызэрилъыхъуэр, адреймкIэ тращIыхьам унагъуэ ихьэну хьэзыр зэрыхъуар къигъэлъагъуэрт. Плъагъурэ адыгэхэм щIагъыбзэу яIар?! Апхуэдэ щапхъэхэр куэд мэхъу. ТхыпхъэщIыпхъэхэм «уеджэну» хуабжьу гъэщIэгъуэнщ. Лъэпкъ гупсысэм и куууагъыр къыщыбгурыIуэнур мис ахэр зэбгъэщIа иужьщ. 
Фащэм я нэхъ дахэр хьэл-щэнырщ
 Фащэ дыным зэманышхуэ токIуадэ. Фащэ къызэрыгуэкI хуейхэм а пIалъэр кIыхьу къащыхъуну къыщIэкIынщ, апхуэдэхэм щхьэкIэ хъунщIэ псынщIэету дэхэр диIэщи - абыхэм яхузоунэтI. Абы и теплъэр, зэхэлъыкIэр, тетыну тхыпхъэхэр бубзыхуу, ар хэбдыкIыныр Iуэху цIыкIукъым. 
Ди лъэпкъ фащэр апхуэдизкIэ нэгъэсауэ зэхагъэуващи, зыгуэр хэпхмэ - фагъуэ мэхъу, хэплъхьэмэ - цIуугъэнэ пфIохъу. Фащэр зыщыгъым фэ къытрегъауэ. Дуней псом фащэ нэгъэсауэ (классическэу) 6 тету аращ. Адыгэ фащэр абыхэм ящыщщ. Апхуэдэу щытми, фащэм я нэхъ дахэр цIыхум и хьэл-щэнырщ. 
I989 - I992 гъэхэм республикэм ЩэнхабзэмкIэ и фондым эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ и центрым сыщылажьэу, курыт школ №2, №20-хэм лэжьыгъэм щыхурагъасэ дерсхэр щезгъэкIуэкIын хуейуэ сагъэкIуати, езгъаджэхэм ящыщу ныбжьыщIэ I4-щ абы схудегъэхьэхар. Гупжьей къызэзгъэпэщри ядэлэжьэн щIэздзати, зырыз-тIурытIурэ кIэрыхужурэ, зы пщащэ закъуэщ ар IэщIагъэу къыхэзыхар. I993 гъэм Мейкъуапэ хъыджэбзищ къикIри, илъэс ныкъуэкIэ си деж зыщагъэсауэ иджы а IэщIагъэм иролажьэ, фащэ яд, хадыкI. Уеблэмэ езыхэми ныбжьыщIэхэр ягъасэ. Фащэ зыду, хэзыдыкIыу диIэ пщащэхэм я нэхъыбэм адыгэ тхыпхъэщIыпхъэкъым къагъэсэбэпыр. Ар си жагъуэ мэхъу. 
Хэплъхьэм хуэдиз къыпхухэхыжыркъым
Творчествэм - къаруушхуэ токIуадэ, уи гъащIэри зэманри щысхьыншэу ехь, абы хэплъхьэм хуэдиз къыпхухэхыжынукъым. Къохъу зы жэщым гъэщIэгъуэн гуэр уи щхьэм къыщихьи, кIыхьлIыхьу гупсысэр къыщыпхуэкIуи. А гупсысэм уемылэжьмэ, абы зумыгъэужьмэ, жьым ихьыжынущ. Ауэ щыхъукIи, уи гъащIэр тыхь хуэпщIами, абы пэкIуэж пщIэ, уасэ зэи бгъуэтыжынукъыми, ар IэщIагъэу къыхэзых дэтхэнэри абы хуэхьэзырмэ нэхъыфIщ. 
Шы зиIэракъым, уанэ зиIэращ шууейр
Уанэгу щхьэнтэ къудейм шы уасэ хуагъэуву щытащ пасэ зэманым. Ар пщIыну зэрыгугъуратэкъым щIэлъапIэр, абы бланэм иц иралъхьэрат уасэр дэзыгъэуейр. Бланэ 20-м щIигъу текIуадэрт зы уанэ пщIыным. Абы дыжьынрэ дыщэу текIуадэр-щэ?! Адыгэ уанэм лъэщIыхьэн зыхуэщI зы лъэпкъи дуней псом теткъым. Ар дымыхъумэмэ, лъэпкъым къытхуигъэгъуну? 
СщIэращ нэхъыщхьэр
Си дежкIэ сытым щыгъуи нэхъыщхьэр жысIэракъым, атIэ сщIэращ. Лъэпкъым и псэр зыхэлъа Iуэхухэрщ сызыхуэпабгъэр. 
СщIэну сызыхуэхъуапсэ Iуэху куэд щыIэщ. Къуэбыдэ деж ди пщыжь-уэркъыжьхэр иужьрейуэ щыхагъэщIам, щызэщIакъуэжа Iэщэ-фащэр Артиллерием, инженер, связь дзэхэм я тхыдэ музейм щIэлъу жаIэри, абыхэм сурэт ятесхыу тхылъу къыдэзгъэкIыжыну сохъуапсэ. ЦIыхубз фащэ сигу загъэу куэдрэ здащ. Уэркъхэм, пщыхэм зэрахьэу щыта цIыхухъу фащэр зэфIэзгъэувэжыныр си хъуэпсапIэщ. Мурадхэр си куэдщ, ауэ «шыщIэ къамылъхум уанэ тралъхьэркъым», -  жеIэ адыгэм. Сэри а Iуэху еплъыкIэр сфIэтэмэмщ. 
  
 
Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: