Бажэмрэ дыгъужьымрэ

Iуэтэж

ЗэрыджэкъуэкIэ зэджэ къуэ кIуэцIым куэд лъандэрэ зы бажэжь цIыкIу щыпсэурт. Бажэ псори хьилэшыщ, дырийпсырийщ, пцIыIуэпцIышэщ. Ауэ мыр зыми хуэмыдэжу бзаджэт, езым нэхърэ нэхъ къарууншэхэр щIигъэIэрт.
Гъэ гуэрым щIымахуэр егъэлеяуэ ткIийт. Уэсыр куууэ телът. Мэзыр хьэщхьэтеуэм зэтрищIыкIырт. Дэнэ сыт къыщытIухуэн жаIэу, хьэкIэкхъуэкIэ мэжэщIалIэхэм я щхьэр зэрахьэрт. Бажэжь цIыкIуми махуэ псом къиущыхьщ-къиущыхьри, зыри къыпэщIэмыхуэу къэджэдэжащ, и гъуэм ипщхьэжри, и ныбэ нэщI и Iэ телъу жеижащ. УкIуэдыж а жэщым абы и нэгу щIэмыкIар: зэм дзыгъуэ, зэм тхьэкIумэкIыхь къиубыду, зэми езыр дыгъужьым кърихуэкIыу пщIыхьэпIэ илъагъурэ къыхэскIыкIыу нэху къытещхьащ.
Жэщым уэсышхуэ къесат. Бажэжь цIыкIур и гъуэм къипщщ, зиутхыпщIри, и хъуреягъыр къиплъыхьащ. Мэзыр шынагъуэу щымт. «Дунейм сыт си Iэмал? Сыт хэкIыпIэ сщIыну? ДэнэкIэ згъэзэну?..» - тэлайкIэ гупсыса нэужь: «ЗэрыхъуIамэ хъунщ, Шымэкъуэжьыр зэ къыщIэспщытыкIынщ»,- жиIэри ежьащ. Куэд имыкIуауэ, хьэщхьэтеуэм зи щхьэкIэр къришэха зэрыджей гуэрэнышхуэм и лъабжьэм пырхъыжу щIэлъ щомыщыжьыр къелъагъу. «Алыхь-алыхь! Емынэр си унэм къихьэт! Си куейм мыпхуэдэ щыIэгъакъым!..» - жеIэри, и лъэ къызэрихькIэ къуэм къыдож. Шымэкъуэжьым илъэдауэ, зэзэмызи лъэ-пкIэуэ уэс куум здыпхыкIым, уафэм къехуэхами ярейуэ, зы дыгъужьыжь и пащхьэм къохутэ. «Уа-ай!» - мэкIийри, бажэм тхыцIэкIэ зытредзэ.
- Ахьа! УкъыспэщIэхуа, бажэжь цIыкIу! НобэкIэ сытхэр уи IуэхущIафэ? - и дзэлыфэр къыхуетI дыгъужьым.
- Сыт мыгъуэр си IуэхущIафэн, зиусхьэн дыгъужьыжь?! Сыкъэплъагъуркъэ? ЩIымахуэ ябгэм фэмрэ къупщхьэмрэ сыхуигъэкIуащ, - мэкIэзыз бажэр.
- Алейуэ зумыгъэтхьэмыщкIафэ. Фэмрэ къупщхьэмрэ я зэхуаку дэлъыр сэ зэ шхэгъуэу срикъунущ. ТIуми мэжэщIалIэу къэдджэдыхь нэхърэ, зыр и ныбэ из хъуху ирешхэ.
- АIей, уи щхьэ теплъхьэу уэ зиусхьэным, цыIэрылъхьэ хуэдэ, сэ фэджыкхъэр дауэ сыпшхын?
- Куэд къыумыбж! ДахэкIэ зызбгъэшхмэ нэхъ уи фейдэщ! Армырамэ, хьэм ифыщIам хуэдэу узэхэсфыщIэнщ! - йохъу-йолъ щхъуэжьыр.
- Ей-ей! УемыпIэщIэкIыт, зиусхьэн! Мы Iуэхур тIуми ди фейдэ хэлъу дыгъэщI. Сэ сумышхыу, уэ пшхын бэгъуэжауэ гъунэгъуу щыIэщ.
- АтIэ а бэгъуэжам уэ щхьэ зыхэбгъэкIыжрэ?
- Сыт, на, жыпIэр? Сэ хъарыпым апхуэдэ лIыгъэ сиIэ? А уи къарур схэлъатэми! Тхьэ, и псэр хэсхынтэм. Мо Зэрыджэкъуэ деж щомыщыфэ хъужауэ мэжейри бжэн абрагъуэ щылъщ, тхьэ. Мы си лъэужьым утету укIуэмэ ухуэзэнущ.
- Узэрихьэлыжьу, пцIы бупс хъунщ!
- Си адэм и адэм и адэжым и псэ, пэжкIэ.
- Пэжу щытмэ, накIуэ, си япэ ниуви.
- Сэ мыгъуэ сымэжэщIалIэщ, сешауэ си псэр поху. Мо бжей жыгыжьым узэрынэсу зэрыджейр къэплъагъунущ.
- НакIуэ, жысIакъэ?! Ар мыпэжу къыщIэкIмэ!..
- Умыгубжь, зиусхьэн. НакIуэ. Къупщхьэ нэхъ мыхъуми, сэри зыгуэр къыслъысынщ…
Зэрыджей гуэрэным гъунэгъу щыхуэхъум, бажэр къопсалъэ:
- Плъэт, зиусхьэн, мес…
- Щ-щ-щ. Умыпсалъэ. Бгъащтэмэ…- дыгъужьыр зэрыджейм йопщылIэри щомыщыжьым толъэ. Щомыщыр къыщолъэт, дыгъужьыр тхыцIафэкIэ къеIэтри, хьэфэ топу, хыфIехуэ. Щхъуэжь къыщолъэтыжри, бгыпэм къытес бажэми хуемыплъэкIыу, макIуэ-мэлъей.
- Ей, щхъуэжь! Дауэ къыпщыхъуа бжэнылыр? - кIэлъогуоу бажэр.
- Бжэныл мыгъуэр ушх уэ гъуамэм. УмыпIащIэ, зэгуэр укъыспэщIэхуэмэ… - гъумэтIымэу мажэ дыгъужьыр.
Бажэм хуэдэлъа щхьэкIэ, дыгъужьыр псэуху а щIыпIэмкIэ къеплъэкIыжакъым.
 

 

Бозий Людин.
Поделиться:

Читать также: