Унагъуэрщ цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэр- Унагъуэрщ мы дунейм нэхъыщхьэу щызиIэр, фIыуэ сыкъыщалъагъур, лэжьыгъэ нэужьым сыт щыгъуи къыщыспэплъэр. Ар си гурыфIыгъуэ си сабийхэрщ, абыхэм я дыхьэшх макъымрэ гуфIэмрэщ, ар фIыуэ сыкъэзылъагъу си щхьэгъусэрщ. Ахэр пщIымыгъуу упсэуныр гугъущ, - къыддэгуэшащ Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм и полицэм и участковэ уполномоченнэ, полицэм и капитан Умар Эльдар Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ я махуэм ирихьэлIэу. Къулыкъу зыщIэ цIыхум дежкIэ тыншкъым унагъуэ иухуэныр, гъащIэ гъусэр къэгъуэтыным тригъэкIуэдэну зэман къыхудэмыхуэу лэжьыгъэкIэ щIэгъэнащи. Апхуэдэу щытми, 2005 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Тэрч районым зы унагъуэ насыпыфIэ къыхэхъуащ икIи илъэс I7 хъуауэ Умархэ зэщхьэгъусэхэр насыпыфIэу зэдопсэу.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:27 →
ЛъэхъуэщкIэ зыми ухуэмыупсэ
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
13.05.2024 - 11:24 →
ЦIыху хахуэхэр
13.05.2024 - 11:20 →
МахуиплI фIэкIа имыIэжу
|