Куба амбулаторэ щаухуэ«КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэу цIыхухэм япэу зызыхуагъазэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ Куба къуажэм амбулаторэ щаухуэ. Абы текIуэдэну мылъкур - сом мелуан 42-р - къэрал бюджетым къыхэкIащ. Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, зы къату щытыну ухуэныгъэм иубыдынущ метр зэбгъузэнатIэу 600-м нэблагъэ. Унэм хэтынущ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дохутырхэр щылажьэ, цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ, сымаджэхэм махуэм къыщеIэзэ пэш щхьэхуэхэр. IуэхущIапIэр зэблэкIыгъуитIу лэжьэнущ, махуэм къриубыдэу абы цIыху 90-м нэблагъэм дэIэпыкъуныгъэхэр щагъуэтыфынущ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:27 →
ЛъэхъуэщкIэ зыми ухуэмыупсэ
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
13.05.2024 - 11:24 →
ЦIыху хахуэхэр
13.05.2024 - 11:20 →
МахуиплI фIэкIа имыIэжу
|