ЩIыуэпсым и махуэшхуэСурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, ТворчествэхэмкIэ Дунейпсо Академием хэт, академик Конин Анатолэ и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэс - 75-рэ, республикэм и къэралыгъуэр - илъэси I00 зэрырикъум я щIыхькIэ. - Мы гъэлъэгъуэныгъэр «щIыуэпсым и махуэшхуэщ», - жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ выставкэр къыщызэIуихым. – Пэшым щагъэлъагъуэ гъэм и зэман зэмылIэужьыгъуэхэм ди щIыналъэм и щIыпIэхэм я дахагъэр къызэрыщ сурэтхэр. СурэтыщIыр къыщалъхуа Старэ Шэрэдж къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Мэрзей Хьэчим и псалъэм къыхигъэщащ апхуэдэ художник цIэрыIуэ я жылэм къызэрыдэкIам, къуажэм щIэх-щIэхыурэ кIуэжурэ ныбжьыщIэхэм зэраIущIэм, и лэжьыгъэхэм, щIыуэпсым и дахагъэм зэрахутепсэлъыхьым, щIэблэр гъуазджэм зэрыщIипIыкIым зэрыригушхуэр. - ЩIыуэпс телъыджэр плъыфэ лIэужьыгъуэхэмкIэ къэзыгъэлъагъуэ, узытхьэкъу дахагъэкIэ гъэнщIа лэжьыгъэхэр ди пащхьэ кърихьащ Анатолэ. И выставкэм къекIуэлIахэм я гум дахагъэ къыщызыгъэуш сурэтыщIщ ар, - жиIащ музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ. Ди щIыпIэ дахэм зыщиплъыхьыну фIыуэ зылъагъу сурэтыщIым и лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуащ пщэдджыжь нэхулъэм къэунэху пшэплъыр, дыгъэ къухьэжыгъуэм тхьэмбылыфэу зызыхъуэж пшэхэр, удз гъэгъакIэ уфа губгъуэхэр, жыг гъэгъахэр. А сурэтхэр апхуэдизкIэ гунэс пщохъури, ущыпсэу щIыналъэм и щIыуэпсым нэхъ пэгъунэгъу уещI. Художникым а дахагъэр тхылъымпIэм къыщигъэлъагъуэ къудей мыхъуу, а лэжьыгъэхэм езым и Iуэху еплъыкIэрэ и дуней лъагъукIэрэ хеухуанэ. Ахэм хыболъагъуэ сурэтыщIым щIыуэпсым, гъуазджэм, дахагъэм хуиIэ лъагъуныгъэр. КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Темыркъан Геннадий Май районым, Новоивановкэ, Шэрэдж къуажэхэм я щIыпIэ дахэхэр къыщигъэлъэгъуа и лэжьыгъэхэм папщIэ Анатолэ фIыщIэ хуищIри, и гуапэу жиIащ ар щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI художникыу зэрыщытыр, и сурэтхэм еплъхэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ зэраритыр. Конин Анатолэ псалъэ гуапэхэр яхужиIащ выставкэр къызэзыгъэпэщахэм, абы къыщыпсэлъахэмрэ зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ. Абы жиIащ и лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къызэрехъулIар и ныбжьэгъу пэжхэр къызэрыдэIэпыкъуам я фIыгъэу къызэрилъытэр. Урысейм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Австралием, Германием, Бельгием, Тыркум, Израилым щыпсэухэу Конин Анатолэ и сурэтхэр зигу дыхьэхэм ахэр зэхуахьэс. КъищынэмыщIауэ, ахэр щахъумэ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм. Конин Анатолий и выставкэхэр I972 гъэм къыщыщIэдзауэ Налшык, Германием и Штраусберг, Вюнсдорф къалэхэм щекIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщ щIыналъэпсо, республикэпсо, урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэми жыджэру хэтщ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
|