Зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэжащТэрч районым щыщ унагъуэр зы хъужащ, зэщхьэгъусэхэм я сабийхэр зэдапI. КъБР-м щыIэ УФССП-м Тэрч районым щиIэ къудамэм щIэлът сом мин 325-рэ хъу алимент щIыхуэр егъэпшыныным теухуа дэфтэрыр. Зэщхьэгъусэхэр зэбгъэдэкIыжа иужь адэм и къуэмрэ и пхъумрэ хабзэм къызэригъэувым тету ядэIэпыкъун идакъым илъэс зыбжанэкIэ. И щхьэгъусэу щытам щыгурымыIуэм цIыхубзым судым зыхуигъэзащ икIи цIыхухъум къалэн щащIащ и хэхъъуэм щыщ и сабийхэм яритыну. АрщхьэкIэ ныбжьыщIэхэм яIэрыхьэртэкъым адэм къыбгъэдэкI ахъшэ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:27 →
ЛъэхъуэщкIэ зыми ухуэмыупсэ
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
13.05.2024 - 11:24 →
ЦIыху хахуэхэр
13.05.2024 - 11:20 →
МахуиплI фIэкIа имыIэжу
|