Куэдрэ тхуэпсэу, ди адэЗи ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 60 ирикъуа ди адэ ПщыхьэщIэ ЛатIиф хуумыгъэфэщэну иджыри щIалэщ, жыджэрщ. Ар зэрысабийрэ дин Iуэхухэм дихьэхыу, абы теухуа тхылъхэр хьэрыпыбзэм кърихрэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIыу щытщ. Дин еджагъэшхуэ куэдым я деж апхуэдэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ абы: и адэ Исуф, и адэшхуэ Хьэбас (ТlутIэ), ЛIыгъур Ибрэхьим сымэ ирагъэджащ. Ибрэхьим и деж ар ягъэкIуат, пасэрей хабзэм тету, «къану», зыщIримыгъэхыу, нэхъ хэкъузауэ еджэн щхьэкIэ.
Дин зехьэныр хуит къызэрыхъужу, ди адэр Къулъкъужын Ищхъэрэм дэт мыдрисэм, апхуэдэуи курыт еджапIэ №4-м дин Iуэхухэм, КъурIэн ЛъапIэм къуажэдэс балигъхэри сабийхэри щыхуригъэджащ. Абы иужькIэ, ар «Баксанский вестник», «Адыгэ псалъэ» газетхэм ядэлэжьащ, «Махуэгъэпс», «Ислъамым и нур» напэкIуэцIхэр щигъэхьэзыру. Абы ноби игу фIыкIэ къегъэкIыж а лъэхъэнэм зыдэлэжьауэ щыта редакторхэу Журт Биберд, Уэрэзей Афлик, Брай Адэлбий, Сонэ Абдулчэрим, Тхьэмокъуэ Барэсбий сымэ (я Ахърэтыр нэху Тхьэм ищI), апхуэдэуи ТIымыжь Хьэмыщэ, Апажэ Мухьэмэд, БищIо Борис, Емкъуж Лидэ сымэ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:27 →
ЛъэхъуэщкIэ зыми ухуэмыупсэ
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
13.05.2024 - 11:24 →
ЦIыху хахуэхэр
13.05.2024 - 11:20 →
МахуиплI фIэкIа имыIэжу
|