IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я чемпионКъэзахъстаным и Алматы къалэм щекIуэкIащ Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэныбжьэгъугъэм (СНГ) хыхьэхэм я ещанэ дзэ-спорт джэгухэр. Абы армэ IэпщэрызауэмкIэ дыщэ медалыр къыщихьащ ди лъахэгъу Хьэсанэ Мурат. СНГ-м хыхьэ къэралыгъуэхэм зыхъумэжыныгъэмкIэ я министрхэм я совет къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъум и щIыхькIэ зэхаубла зэхьэзэхуэм кърихьэлIат Армением, Беларусым, Къэзахъстаным, Урысей Федерацэм, Узбекистаным я дзэ-хэм къулыкъу щызыщIэ щIалэ 250-м щIигъу. Зэпеуэр екIуэкIащ армэ IэпщэрызауэмкIэ, зэрахьэ IэщэмкIэ нэщанэ еуэнымкIэ, кросс къэжынымкIэ, офицер троеборьемкIэ, гырэ лIэужьыгъуитIкIэ къэIэтынымкIэ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
12.05.2024 - 13:02 →
Iуащхьэмахуэ даха ныпхэр
12.05.2024 - 12:58 →
Бзэ зимыIэр лъэпкъыншэщ
11.05.2024 - 15:33 →
Дунейм и нэху
|