ЗэгухьэныгъэщIэ къоунэху

УФ-м и Къэрал Думэм ­иджы­благъэ етIуанэ еджэ­гъуэу ­къыщащтащ «Сабийхэмрэ щIа­лэгъуалэмрэ я урысей зэ­щIэхъееныгъэм и IуэхукIэ» законопроектыр.

Дэфтэрым къызэрыщыгъэ­лъэгъуамкIэ, зэщIэхъееныгъэр зытещIыхьар сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я гъэсэныгъэм ­гулъытэ хуэщIынырщ, щIэныгъэ IуэхукIэ унэтIынырщ, зыгъэпсэхугъуэ зэманыр яхуэ­щхьэ­пэу къахузэгъэпэщы­нырщ, лъэныкъуэ куэдкIэ зэ­рызаужьыфыну Iэмалхэм елэ­­жьынырщ.
Законопроектым и япэ еджэгъуэр мэкъуауэгъуэм и 7-м къащтауэ щытащ. Абы япэ­щIыкIэ къыщагъэлъэгъуат сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я урысей зэ­щIэхъееныгъэм «Боль­шая перемена» цIэр фIащыну. ЕтIуанэ еджэгъуэм дэфтэрым зэхъуэ­кIыныгъэ зыбжанэ Къэрал Ду­мэм щыхилъхьэм, зэгухьэныгъэм и фIэщыгъэри Iуихыжащ. Абы егупсысыну Iэмал иратынущ зэщIэхъееныгъэм хэтынухэм. КъыкIэлъыкIуэ зэхуэсыр дыгъэгъазэм екIуэкIынущ. 
КъищынэмыщIауэ, дэфтэ­рым халъхьа зэхъуэкIыныгъэ­хэм япкъ иткIэ, зэгухьэныгъэ­щIэм хуитыныгъэ иIэнущ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу ахъшэ къыIэрыхьэну, ар щIыналъэ къудамэхэм тригуэшэну.
Депутатхэр арэзы зытехъуа­хэм ящыщщ, къызэрагъэпэщ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм дэ­лэжьэн мурадкIэ, УФ-м и щIыналъэхэм я унафэщIхэм епхауэ Iуэхур зэзыгъэуIу IэнатIэ къы­зэрагъэпэщыну къызэрыхалъ­хьар. Апхуэдэуи зэщIэхъееныгъэр хуитынущ и Iуэхухэр зезыгъэкIуэну хэщIапIэ хамэ къэ­ралхэм къыщызэIуихыну, и му­рад­хэмкIэ зытехуэ дунейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм дэ­лэжьэну. Дэфтэрым халъхьа зэхъуэкIыныгъэм хуит ещI зэгу­хьэныгъэм и къудамэ сабий унэхэм къыщызэрагъэпэщыну.
Законопроектым къызэры­щыгъэлъэгъуамкIэ, зэгухьэныгъэм цIыхушхуэ зэщIигъэуIуэнущ икIи ахъшэ къэлэжьыным емыпха, зи Iуэхухэр къызэзыгъэпэщыж IуэхущIапIэ хъунущ.Абы хыхьэфынущ илъэсих ныбжьым къыщыщIэдзауэ балигъ ныбжьым нэмысахэр, щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтхэм я деж щиухыу. Урысей сабий зэ­щIэхъееныгъэм хыхьэну хуиты­ныгъэ яIэнущ жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэмрэ НКО-хэмрэ. 
УФ-м и Президентым хуа­гъэ­лъэгъуэнущ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я урысей зэгухьэныгъэщIэм и кIэлъыплъакIуэ советым и пашэ хъуну.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: