Къалащхьэм мэжджытыщIэ щаухуэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэр дыгъуасэ яхуэзащ республикэм и ­Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм (ДУМ) и унафэщI­хэм, щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ я раис-Iимамхэм. ЗэIущIэм ­хэтащ КъБР-м и ДУМ-м и пашэ Дзасэжь Хьэзрэталий, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ ­проектхэмкIэ и министр КIурашын Ан­-зор, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хо­зяйствэм­-кIэ и министр Бэрбэч Алим, Налшык къалэ адми­нистрацэм и ­Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сымэ. 

Зэхуэсым щытепсэлъы­хьащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэфIих лэ­жьыгъэхэм, дин IэщIагъэлIхэр гъэ­хьэ­зы­рыным абы хуищI ­гулъытэм. Апхуэдэу и гугъу ящIащ щытыкIэ хьэлъэ гъа­-щIэм иригъэувахэм IуэхущIапIэр зэрадэIэпыкъуф щIы­кIэ­хэм. 
- Си гуапэ зэрыхъущи, ДУМ-м жылагъуэм щрегъэкIуэкI егъэ­джэ­ныгъэ, псапащIэ Iуэхухэр, ар жы­джэру ядолажьэ къэрал, щIыналъэ унафэщIхэм, хабзэхъумэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм. Абы зэфIэ­кIышхуэ ирехьэлIэ рес­публикэм щыпсэухэу дин зэмылIэужьыгъуэ зезыхьэхэм, лъэпкъхэм я зэхуаку зэгу­ры­Iуэныгъэ дэлъыным, ап­хуэ­дэуи ткIийуэ пэщIэтыфщ экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ епха ­гуп­сысэхэм ди щIыналъэм ­зыщегъэубгъуным, - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек. 
КъинэмыщIауэ, зэхуэсым иджы­ри зэ къыщаIэтыжащ ­Налшык ­мэжджытыщIэ щыу­хуэным ехьэлIа Iуэхухэр. Республикэм и Iэтащхьэм ар зи пщэрылъ къулыкъущIапIэхэм унафэ яхуищIащ а ухуэ­ныгъэм теухуа дэфтэрхэр, гъуэгу картэхэр дызэрыт мазэр имыкIыу ягъэхьэзырыну. Абы хохьэ ­Налшык къалэ администрацэм, минис­терствэ щхьэхуэхэмрэ ведомствэ­хэмрэ, КъБР-м и ДУМ-м я пашэхэр. 
- Зи гугъу тщIы мэжджыты­щIэр ди республикэм щаухуэну дин IуэхущIапIэщIэхэм ящыщ зыщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Бахъсэн къалэм мы зэманым щаухуэ Тхьэ-анэ Щихъым и члисэр. Сэ си мурадщ абы ще­кIуэкI лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зыхуэсщIыну. 
 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: