Адыгэ пщащэр адыгэшым тесу

Мэзкуу пэгъунэгъу «Отрада» шы-спорт клубым бадзэуэгъуэм и I-3-хэм дунейпсо, урысейпсо мыхьэнэ зиIэ шыгъажэ кIыхь щекIуэкIащ. 
«Урысейм шыгъажэ кIыхьхэмкIэ и чемпион» цIэм щхьэкIэ зэхьэзэхуэм хэтащ шу I5. Нэхъ гугъуу икIи нэхъ кIыхьу, ауэ зи пщIэри нэхъ лъагэу къалъытэ, километри I60-м япэ увыпIэр къыщихьащ хьэрыпышым теса Лосевэ Дарье (и шым и цIэр Дипкурьерщ). И кIэм нэса шууи 8-м яз хъуащ Дарье. Ику иту шыхэм яIыгъа псынщIагъыр – зы сыхьэтым километр I6,82-рэ. 
Адыгэшым къыдэщIхэр игъэгуфIащ «ныбжьыщIэхэм» яхэту километри I20-м япэ увыпIэ къыщызыхьа Мэшыкъуэ Каринэ. «Сэ си цIэр Мэшыкъуэ Каринэщ. Юниорхэм я зэпеуэм километри I20-рэ хъу гъуэгуанэм япэу сыкъэсащ. Ар егъэлеяуэ гугъусыгъут, ауэ гупыр къызэрыздэщIам и фIыгъэкIэ сызэрыщыгугъам нэхърэ нэхъыфIу псори зэфIэкIащ. КъыздэIэпыкъуа псоми фIыщIэшхуэ яхузощI». 
Уи шым и гугъу къытхуэщIыт жаIэу еупщIа нэужь, Каринэ жиIащ: «Абрис шы къарууфIэщ. ХьэлыфI къызыкъуихауэ жыпIэ хъунущ. И кIуэкIэри дэгъуэт, и къару зэрызригъэгъуэтыж зэманыр фIы дыдэхэм ящыщщ. ИкIэм дынэсыху и къарур кIуэщIакъым. Сыхуэарэзыщ». 
«Сыт хуэдэ гугъуехь узыIущIар?» - иратащ упщIэ пщащэм. 
- ЩIыр зэрыбыдэращ гугъукIэ узэджэнур, - итащ жэуап Каринэ. - Ауэ ари зэран къытхуэхъуакъым адрейхэм япэу дыкъэсын щхьэкIэ. 
Адыгэшым и пщIэр къэзыIэтыжхэм адыгэ пщащи зэрахэтым дыщогуфIыкI. Каринэ и цIэр япэу щызэхэтхауэ щытащ илъэсищ ипэкIэ Джэдыкъуэ деж щекIуэкIа шыгъажэм. Пщащэр Санскрит хакIуэм тесу километр 40-м щытекIуауэ щытащ. Иджырейр Мэшыкъуэхэ я пхъум и зи чэзу текIуэныгъэщи, нэхъыбэжкIэ дызэрыщыгугъыр зэхихыжмэ ди гуапэщ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: