Егъэджэныгъэмрэ ар къызэрапщытэ Iэмалхэмрэ

 Зыми хужыIэнукъым гъэсэныгъэ Iэмалхэу ткIиягъымрэ щабагъымрэ я пщалъэр зыхуэдизыр. Псори зэлъытар сабийм и хьэлырщ. Зыр щхьэзыфIэфIщи, уи нэщхъыр хузэхыумыукIэу хъуркъым. Адрейм «тху» къыхуэмыхьмэ, адэ-анэм фIыуэ къамылъагъужыну къыщохъури, хуагъэувар къыпфIэмыIуэху хуэдэу зыкъебгъэлъагъун хуейщ. 
 «Пхуэмытмэ, укъыдэмыхьэж!», «Си напэр тепхауэ бжы!», «Нэхъ мащIэ къэпхьауэ зызумыгъэлъагъу!» Апхуэдэ «лъагъуныгъэм» щIапIыкIа сабийхэрщ иужькIэ я адэ-анэхэм япэувыжхэри, егъэджакIуэхэм ефыщIауэхэри, мыхъумыщIагъэ нэхъ икIэхэм тегушхуэхэри. 
 Хъийм икIа акъылыншагъэкIэ фIэкIа уеджэфынукъым Къэрэшей-Шэрджэс республикэм къыщыхъуами. ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм и лэжьакIуэ бзылъхугъэм сабийхэм къэпщытэныгъэм зыри здыщIамыхьэфын щхьэкIэ, щыгъын къащымынэжыху зригъэтIэщIащ. МащIэ дыдэщ абы къызэрыкIэрыхур ди къуажэхэм къиIукI хъыбархэр. ЕгъэджакIуэхэм – адэ-анэхэр, адэ-анэхэм – егъэджакIуэхэр ягъэкъуаншэ. Ауэ къэпщытэныгъэ IуэхукIэ зызыукIыж ныбжьыщIэхэм я хъыбархэр зэрыкуэдым абы ирахьэлIэ Iэмалхэм фIыуэ хэлэжьыхьын зэрыхуейр къалэн ткIийуэ къегъэув. Дауи, жытIэм къидгъэкIыркъым сабийхэр хэгъэзыхьыни егъэджэни хуэмейуэ. 
 Индием щыщ Ганди Махатмэ цIэрыIуэм и жьэ къыжьэдэкIауэ зы ущие дахэ щыIэщ. Мыпхуэдэу щIэ е апхуэдэу умыщIэ жепIэн и пэкIэ, цIыхум езыр фIыуэ зэрыплъагъум шэч къытримыхьэжу щытын хуейщ, ар зэреплъымкIэ. А хабзэр балигъым деж щыпэжкIэ, сабийм щыхуэгъэзам деж пщIыкIэ щыгъэбэгъуапхъэ къыщIэкIынщ. 
«Мамэ! Сэ математикэмкIэ ЕГЭ-р схуэтыну къыщIэкIынкъым, - хуетх и анэм зи тхыгъэр интернетым щызэIэпах хъыджэбз цIыкIум. - Пэж дыдэу схуэтынукъым, мамэ! Минрэ сызэрыделэр, си гъащIэр пхъэнкIакIуэу зэресхьэкIынур къызжепIэми, схуэтынукъым! Папэрэ уэрэ къыстевгъэкIуадэ ахъшэр къызэрызэпхъуэнми функцэхэмрэ интегралхэмрэ нэхъыфIу хэсщIыкIыу сащIыркъым. СфIэфIыбзэу гъэщIэрэщIакIуэу (визажисту) е щхьэцщIэщэу седжэнут. Унэм сыщIэмыкIыу сылэжьэнт – цIыхухэр си деж къакIуэу, сэ я щхьэцыр яхузэщIэскъуэу е яхупызупщIу. Сыхуейкъым математикэм, мамэ! Парикмахер IэщIагъэри мыIейуэ къысфIощI. Сэ зэрыхъукIэ зыпхуэзмыгъазэмэ нэхъ къызощтэ, дызэхуэзэху экзамен гугъу къысхуэпщIынущи». 
 Зыуэ щыт къэрал экзаменыр, зэ IуплъэгъуэкIэ, зыкIи емыпха хуэдэу щытщ Урысейр «Болон процессым» къызэрыхагъэкIыжам. УФ-м щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтахэм хамэ къэралхэми къабыл щащI диплом зэрыратырт абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр. КъинэмыщIауэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэр бакалавриатрэ магистратурэу зэригуэшым зы IэщIагъэм епха къудамитI зэпыпщIэну Iэмал къыуитырт. Нобэ Болон процессым къэрал 46-рэ хеубыдэ. Абы хыхьэ къэралхэм я зым ущыщмэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрызэбгъэгъуэтам и щыхьэт тхылъхэр мыдрей псоми щыпхокI. Урысейр абы къыщIыхагъэкIыжам и щхьэусыгъуэр иджыпсу къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэрщ. 
ЕГЭ-р абы быдэу емыпха щхьэкIэ, депутатхэр тепсэлъыхьын щIадзащ ари хуэм-хуэмурэ зэрагъэкIуэдыжынум. Iулъхьэншэу еджапIэ нэхъыщхьэм ущIэтIысхьэну Iэмал къозыт ЕГЭ-р щымыIэжмэ, абы хэлъэт зиIэ, ауэ мылъку зыбгъэдэмылъ сабийхэр гугъу иригъэхьынкIэ, щIэныгъэ зэрагъэгъуэтын Iэмалым хигъэкIыжынкIэ гузави щыIэщ. 
Мы IуэхуитIри зы щIэтщIар «ГъащIэрщ зызыхуэдгъасэр – еджапIэракъым» латин псалъэжьым и мыхьэнэр къэдгъэщIэрэщIэжын щхьэкIэт. Еджа гунэф зэрыщыIэм хуэдэ дыдэу, гъащIэм къыбгъэдих щIэныгъэр тхылъ гъуэгукIэ зыIэрымыхьэ, къыдалъхуауэ хэлъэт зиIэ куэдми уарохьэлIэ. ЦIыху псори щIэныгъэм хуэщIакъым. Зыгуэрым хуэмыфI хьэдрыхэ щымыкIуэкIэ, сабийр фIыуэ зэремыджэм ар цIыху мыхъуну къикIыркъым. КъызыхуигъэщIар зэхигъэкIыу, а лъэныкъуэмкIэ иунэтIынырщ адэ-анэм и къалэныр. Кхъужьейм мыIэрысэ къызэрыпымыкIэри зыщимыгъэгъупщэмэ нэхъыфIщ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: