Къэрал псоми къыщалъыхъуэртКъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ республикэм и Бахъсэн районым щыщ, илъэс 47-рэ хъум и щIэпхъаджагъэ Iуэхур. Ар къэрал псоми къыщалъыхъуэрт. ЯIэ хъыбарымкIэ, цIыхухъур хэтащ Сирие Хьэрып Республикэм хабзэкIэ щамытха, IэщэкIэ зэщIэузэда гупым, Урысей Федерацэм и сэбэп зыхэлъхэм пэщIэуэ Iуэху зэрихуэу. Шэч зыхуащIыр яубыдащ, абы теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 208-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэм хэпщIауэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэс I5-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу. Iэщэ иригъэкIырт КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм яубыдащ Шэрэдж районым щыпсэу, хабзэм къемызэгъыу Iэщэ игъэкIыным пыщIа цIыхухъур. Шэч зыхуащIыр Шэрэдж район судым къуаншэу къилъытащ УФ-м и УК-м и 222-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ икIи илъэситху условнэу трилъхьащ, зыщIэгупсысыжыну Iэмал иIэу.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:27 →
ЛъэхъуэщкIэ зыми ухуэмыупсэ
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
13.05.2024 - 11:24 →
ЦIыху хахуэхэр
13.05.2024 - 11:20 →
МахуиплI фIэкIа имыIэжу
|