Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотик щызрамыхьэлIэ щIыналъэ щIын

Мэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотик щызрамыхьэлIэ щIыналъэ щIын» республикэ акцэм хыхьэ зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблэгъат Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм, Урысейм и УФСИН-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм, Урысей МВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэу Налшык къалэм щыIэм, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэм япэщIэтынымкIэ центрым, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, жылагъуэ, волонтёр зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта, «Псори наркотикхэм драбийщ» зыфIаща «стIол хъурейр» щыщт Наркоманием ебэныным и дунейпсо махуэм – мэкъуауэгъуэм и 26-м ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм. Библиотекэм и пэIущIэ пэшышхуэм деж къыщызэрагъэпэщат «Наркотикхэм ХЬЭУЭ яжеIэф!» гъэлъэгъуэныгъэ, цIыхухэм мыгъуагъэ куэд къахуэзыхь а щхъухь бзаджэм узэрыпэщIэтыфыну щIыкIэм теухуа плакатхэр, абы и хъым ихуахэм икIи пэлъэщыфахэм, IэщIагъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъхэр щызэхуэхьэсауэ.
 Урысейм и УФСИН-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и унафэщI Никитин Николай зэIущIэм кърихьэлIахэм зэпкърыхауэ яхутепсэлъыхьащ хабзэр къызэпауду наркотикхэр, псантхуэм егуауэ нэгъуэщI зэхэлъхэр зэзыгъэкIуэкIхэм ирагъэхь уголовнэ, административнэ жэуапхэм.
Iуэхум кърихьэлIахэр ирагъэплъащ наркотикхэм япэщIэтыным къыхуезыджэ теплъэгъуэхэм, еджакIуэхэм, абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ къахуэщхьэпэну чэнджэщхэр зэрыт тхылъ цIыкIухэр, КъБР-м щыIэ МВД-м дзыхь зрагъэз и телефонхэр къыщыгъэлъэгъуа листовкэхэр хуагуэшащ.

ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IэнатIэм и унафэщI.
Поделиться: