Щхьэцхэр зэмылIэужьыгъуэу

ЦIыхум и зыхуэпэкIэмрэ и щхьэцым иIэ теплъэмрэ куэд къыбжаIэфынущ, псалъэм щхьэкIэ, зыщыщ зэманым, лъэпкъым, и беягъэм теухуауэ. Щхьэцым дыкъытеувыIэмэ, дапщэщ парик жыхуэтIэр къыщежьар?! Парик зэрахьэу щытащ египет фараонхэм, европей дворянхэм, урыс жьакIэупсхэм (цирюльник). 
XVII-XVIII – нэ лIэщIыгъуэхэм европей цIыху хуэкъулейм и теплъэр уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнутэкъым парик щымыгъыу. А лъэхъэнэр къэзыгъэлъэгъуэж цIыху сурэтхэм щыдолъагъу гъэутIэрэза, ухуэна, пыпхыкIа парик Iувхэр. 
Ауэ, парикхэр модэм къихьауэ щытащ куэдкIэ нэхъ пасэу. Иджыри ди эрэм ипэкIэ щхьэцым хуащIырт тепхъуэн гуэрхэр, дыгъэ гуащIэм, фIей хъуным цIыхур щихъумэу.
Парикхэр ящIын щыщIадзащ пасэрей Мысырым. Ар къыхащIыкIырт цIыхум и щхьэцми мэлыцми. Зэрахьэрт цIыхухъуи цIыхубзи. Къулейхэм парикым хаухуанэрт дыщэм, пыл къупщхьэм къыхэщIыкIа Iэлъынхэр. Хуабэвэх щIыпIэхэм парик къыщагъэсэбэпырт къулейхэми хуэмыщIахэми. Езыхэм я щхьэцхэр кIэщI дыдэу паупщIырт е яупсырти, парикыр зытралъхьэжырт. Апхуэдэу хуабэм зыщахъумэрт. 
Европэм парикым и модэр къыщысар XVI -нэ лIэщIыгъуэрщ. Англием парикым и модэр щигъэувауэ жыпIэ хъунущ пащтыхь гуащэ Елизаветэ Езанэм. Пащтыхь гуащэм и щхьэц дыдэр тхъуэплът. Абы зрагъэщхьыну, бзылъхугъэхэм зэрагъэпэщырт парик дыщафэхэр, плъыжьхэр. Езы Елизаветэ Езанэм парик зэмыщхь куэд иIэт. 
XVII-нэ лIэщIыгъуэм икухэм Англием Стюартхэм я лIакъуэхэр щыщытепщам, модэм ихьащ цIыхухъу парик баринэ кIыхьхэр. Къаублащ абыхэм дыху тракIэуи. Апхуэдэ парикхэр тынштэкъым егъэлеяуи хьэлъэт. 
Франджыри модэм къыкIэрыхуакъым. Пащтыхь Людовик XIII-м, зэрыжаIэмкIэ, пасэу и щхьэцыр икIащ. Езым парик зэрихьэрти, къегъэщIылIахэми зытралъхьэну унафэ яхуищIат. 
I673 гъэм парик зыщIхэм я гильдие (сондэджэрхэм я зэгухьэныгъэ) къэунэхуащ. Уэркъыгъэ зыIыгъхэмрэ абыхэм къегъэщIылIахэмрэ нэмыщI, цIыху къызэрыгуэкIхэми парик зэрахьэ хъуащ. 
XVIII -нэ лIэщIыгъуэм парик зыщIхэм я IэрыкIхэр гъэпщкIуауэ щащэрт къуажэхэм. Пуду ящэ хъуа хьэпшып щIагъуэр зэрапхъуэрт. Апхуэдэурэ, парикхэм я лIэужьыгъуэр нэхъыбэ хъурт. 
Урысейм парикым и модэр къэсащ Пётр Езанэм и тетыгъуэм. I722 гъэм, Каспийск зекIуэ щыIэу, и щхьэцыр иригъэупсри, езым и щхьэцым парик къыхухащIыкIыжыну унафэ ищIащ. БлыгущIэтхэми яфIэмыфIурэ ардыдэр яригъэщIащ. Ауэ хьэпшыпыщIэм щIэх есахэщ икIи XIX -нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ пщIондэ парикхэр зэрахьащ. 
НэгъуэщIхэм я парикхэр къамыщэхун папщIэ, Пётр I-м унафэ ищIащ парик зыщIэхэм я лъэщапIэ къызэрагъэпэщыну. Япэ щIыкIэ парикхэр ящIырт жьакIэ зыупсхэм. Абыхэм жьакIи яупсырт, щхьэци щIащэрт, парикхэри ящIырт. ИужькIэ къежьащ IэщIагъэщIэ: щхьэшокухэмрэ натIэцхэмрэ я мастер. А IэщIагъэм хуэзыгъэсэнухэр Франджым кърашри кърагъэблэгъауэ щытащ. IэщIагъэм IэкIуэлъакIуэ хуэхъуахэм парикхэр зэращIым нэмыщI, нэIуми сэхусэплъ кIэралъхьэу зрагъэсащ. 
I730 гъэм Урысейм парикым и модэм зэхъуэкIыныгъэ щигъуэтащ. «Бироновщинэ» зыфIаща зэманыр пащтыхь гуащэ Аннэ Иоановнэ и цIэм епхащ. Абы и щIасэ Бирон Иоганн Эрнст къригъэжьащ «пруссие ухуэныкIэ» зыфIаща парикыр. XVIII -нэ лIэщIыгъуэм щыIа нэгъуэщI парик лIэужьыгъуэщ «дзыгъуэ кIапэ» зыфIащауэ щытар: парик щхьэц Iэрамэ цIыкIу зытIущ кIапсэ фIыцIэкIэ папхыкIырт. Ауэрэ парикыр Iэмал зимыIэ Iыхьэу халъхьащ армэм и фащэм. Абы укIэлъыплъыну гугъут, армэм хэтхэр игъэтхьэусыхэрт.
Урысейм парикыр щылъапIэт. Сомитхум щыщIидзэрти, нэхъ лъапIэурэ дэкIуейрт. XVIII -нэ лIэщIыгъуэм фошыгъу къэпым щIатыр парикым и уасэм нэхърэ хуэдищкIэ нэхъ мащIэт. Гуэдзыр нэхъ пудыжт: сом ныкъуэт хуэзэр. 
Парик къыхащIыкIыну щIэупщIэ яIэ хъуащ мэкъумэшыщIэ бзылъхугъэхэм я щхьэцым. Абыхэм я щхьэцыр Iувт, кIыхьт, зыгъэлэжьэнкIэ хъуну зыри ирахьэлIэртэкъым. 
XVIII -нэ лIэщIыгъуэм и пащтыхь гуащэхэмрэ я блыгущIэтхэмрэ зэрахьэу щIадзащ лъагэу къэгъэтэджа парикхэр, «фонтанж» зыфIащахэр. Парикхэр зэрагъэбыбым нэмыщI, налкъут щыгъэхэмкIэ, хъар зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэщIэрэщIэжырт. 
Франджыхэм я парик модэр псоми щхьэпырыкIыжащ. «La Belle Poule» парикыр дзэ кхъухьым и цIэм къытращIыкIащ. Сыхьэт бжыгъэхэр текIуадэрт бзылъхугъэхэм я щхьэц-парикым зауэм тегъэпсыхьа кхъухьым и теплъэр иратыным. Апхуэдэ щхьэц япэу езыгъэщIар франджы пащтыхь гуащэ Марие-Антуаннетэщ. 
1970 гъэхэм Франджым парик хужь гъэбэтам и модэр щикIащ, уеблэмэ зепхьэну ухуимыт хъуащ. А щапхъэм ирикIуащ адрей къэралыгъуэхэри. Утыкур яубыдыжащ щхьэц дыдэхэм. 

 

Зыгъэхьэзырар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: