Налшык мэжджытыщIэ щаухуэнущБадзэуэгъуэм и I5-м КъБР-м и УнафэщI КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Дин IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ щIыналъэ раис-Iимамхэмрэ. ЗэIущIэм къыщызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм щызэфIах лэжьыгъэмрэ республикэм ис муслъымэнхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмрэ. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ дин лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэн, ахэр нэхъ зыхуей хуэзауэ гъэхьэзырын зэрыхуейм. ХуэмыщIауэ псэухэм зэрадэIэпыкъупхъэми тепсэлъыхьащ.
Налшык мэжджытышхуэ дащIыхьын мураду нэхъ пасэм къыхалъхьауэ щыта жэрдэмыр къыщаIэтыжащ мы зэIущIэм. Республикэм и лIыщхьэм къалэ администрацэмрэ Iуэхур зи пщэ къыдэхуэ министерствэхэмрэ унафэ яхуищIащ бадзэуэгъуэр имыкIыу абы епха унафэхэр зэфIахыну.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 16:29 →
ЗэгурыIуэнукъым
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
30.03.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
29.03.2024 - 10:28 →
КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
|