Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм къыпащэ«КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ проектым хэту зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI Нарткъалэ щыIэ, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым и пщIантIэм дэт поликлиникэм. А Iуэхум текIуэдэну сом мелуан 7I,2-р федеральнэ бюджетым къыхэкIащ.
Мы зэманым ирихьэлIэу унащхьэр яхъуэжащ, унэщIыбыр зэрахьащ, IуэхущIапIэм и кIуэцIми лэжьыгъэ пыухыкIахэр щызэфIагъэкIащ: унэлъэгур, инженер коммуникацэхэр зыхуей хуагъэзэжащ, щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIащ. Унэ щIыбым епха лэжьыгъэхэр 2023 гъэм ирагъэкIуэкIыну я мурадщ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
12.05.2024 - 13:02 →
Iуащхьэмахуэ даха ныпхэр
12.05.2024 - 12:58 →
Бзэ зимыIэр лъэпкъыншэщ
11.05.2024 - 15:33 →
Дунейм и нэху
|