Къэрал щхьэхуитым и къарур зыгъэбагъуэр цIыхубэ зэхэщIыкIырщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 19 - 20-хэм хэтащ Стратегие жэрдэм­хэмкIэ агентствэмрэ Госконгресс фондымрэ къызэрагъэ­пэща «ЗэманыщIэм хуэгъэпса мурад лъэщхэр» зэхыхьэш­хуэм.

Иджы етIуанэу ирагъэкIуэкI а зэхыхьэм и фIыгъэкIэ къэра­лым ис дэтхэнэ зы цIыхуми Iэмал ­игъуэтащ Урысейм зегъэу­жьы­нымкIэ хэкIыпIэ нэхъ тэмэму ­къилъытэр утыку кърихьэну. Ап­хуэдэ мурадыр нэхъыфIхэм ­ящыщу къалъытэрэ зыхуэфащэ IэщIагъэлIхэм къыхахмэ, ар гъэ­зэщIэнымкIэ къэралри жыла­гъуэри дэIэпыкъуэгъу хъунущ. Зэхыхьэшхуэм хиубыдэу унэтIы­ныгъэу блым къызэщIаубыдэ Iуэху нэхъыщхьэхэр зэпкъра­хащ икIи абыхэм ящыщу нэхъ гъэ­щIэ­гъуэнхэр гъэзэщIэным мы­хьэ­нэшхуэ иIэнущ 2030 гъэм нэсыху Урысейм и лъэпкъ му­радхэм зегъэужьынымкIэ. НэхъыфI дыдэу къалъытэ Iуэхухэм ящыщ куэд зыгъэзэщIэнур къэ­ралым и щIыналъэ щхьэхуэхэрщ.
Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым утыку кърихьа проект 19-м ящыщу 3-р зэхыхьэшхуэм щы­зэпкъ­раха Iуэхугъуэ нэхъыфI ды­дэу 200-м хиубыдащ.
Япэ махуэм КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ «МурадыщIэхэр ядэIы­-гъы­нымкIэ губернаторхэм я ­клубым» и зэIущIэм. Абы зэ­рыжи­IамкIэ, «проектхэр гъэ­хьэ­зы­ры­нымрэ республикэм и щIа­лэгъуалэр инновацэ лэжьыгъэм нэхъ жыджэру къыхэшэнымрэ я лъэныкъуэкIэ» ди щIыналъэр Стратегие жэрдэмхэмкIэ агент­ст­вэм зэрыдэлажьэм зригъэуб­гъунущ.
ЕтIуанэ махуэм зэхыхьэшхуэм и пленар зэIущIэм кърихьэлIащ УФ-м и Президент Путин Владимир. Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэхэмкIэ захуигъазэри, абы жиIащ дунейпсо тхыдэм и лъэхъэнэщIэм дызэрыхуэкIуэр, социальнэ захуагъэмрэ дунейпсо шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэ­пэщынымкIэ сэбэп хъуну хабзэщIэхэр дуней псом зэрыщы­зэтеувэр. Президентым псом хуэмыдэу къыхигъэщхьэхукIащ псынщIэу заужьын, цIыхухэм я псэукIэр нэрылъагъуу егъэфIэ­кIуэнымкIэ щапхъэу увыфын, цIыхум и фIыгъуэхэр псоми япэ изыгъэщыфын къэралхэр су­веренитет нэс зиIэхэр арауэ зэрыщытынур.
Лъэпкъ гупсысэкIэ зиIэ икIи лъэпкъ мурадхэм зи гур ета ­граждан жылагъуэр суверенитетым и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытым къыхэкIыу, жиIащ Путин Владимир, къэралым и правительствэми щIыналъэхэм я унафэщIхэми гулъытэ хэха хуа­щIыпхъэщ Урысейм и цIыху нэхъ гумызагъэхэм къыхалъхьэ гуп­сысэхэмрэ проектхэмрэ егугъуу хэплъэным.
«Уеблэмэ, языныкъуэхэм деж гуп мыинхэми къыхалъхьа ап­хуэдэ мурад гъэщIэгъуэнхэр щIыналъэхэм щыIэ унафэщI гупхэм я гулъытэм, абыхэм я дэIэпыкъуныгъэм хуэныкъуэщ, сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ щIыналъэми и лэжьэкIэ пэрытыр зэ­рыщыту къэралым и дежкIэ сэ­бэп хъунущ», - жиIащ Путин Владимир.
2022 гъэм ирагъэкIуэкIа «ЗэманыщIэм хуэгъэпса мурад лъэщхэр» зэхыхьэшхуэм цIыху мин 311-м щIигъу къызэщIигъэу­Iуащ, абы щIыналъэ 85-м щагъэхьэзыра проект, мурад зэ­мылIэужьыгъуэу мин 19 хэIу­-щIыIу щащIащ. Пленар зэIущIэм хэтащ конкурсым щытекIуауэ ­къалъыта проект 200-р зыгъэ­хьэзырахэр.
Мы зэхуэсышхуэм кърикIуа­-хэм ятеухуауэ езым и телеграм-каналым ирилъхьа тхыгъэм ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ ­Казбек къыщыхигъэщхьэхукIащ: «Президентым жиIащ ­нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ ­компаниехэр къэралым зэры­щымы­лэжьэ­жым къыхэкIыу ­Урысейр къэрал щIыб тех­но­логиехэми зэрызэт­рамы­Iы­гъэ­жыр икIи абы езым и техноло­гиехэм фIэкIыпIэ имыIэу зэ­рызригъэужьынур. Эконо­микэм и IэнатIэ зэмылIэужьы­гъуэхэм, социальнэ гъащIэм хиу­быдэу къыхалъхьэ жылагъуэ жэрдэм­хэмрэ мурадхэмрэ ди псэукIэм зэрызрагъэужьынум, хьэрычэт Iуэхухэр япэкIэ зэрагъэкIуэтэ­-нум къыхэкIыу, ахэр къэ­­ралым зэкIэлъыкIуэу ядиIыгъынущ. Къэралым и Iэтащ­хьэм и пащ­-хьэ иралъхьа Iуэху нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ социальнэ дэIэпыкъуныгъэм, туризмэм, ­мэкъумэш хозяйствэм, про­мышленностым я IэнатIэхэр езы­гъэфIэкIуэфыну проектхэр. Ап­хуэдэ унэтIыныгъэхэр яIэщ ди республикэм щагъэхьэзыра ­проектхэми икIи ахэр зэIущIэ­шхуэм утыку къыщрахьа гуп­сысэ нэхъыфIу 200-м хэхуащ. Дэ едгъэкIуэкI инвестицэ лэжьыгъэхэм хиубыдэу апхуэдэхэр гъэ­зэ­щIа зэрыхъунум егупсысынущ».

Поделиться: