Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымрэ сатумрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м             Налшык къалэ   №164-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымрэ  сатумрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм фокIадэм и  25-м къыдигъэкIа унафэ №23-ПП-мкIэ къищтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Правительствэм и УнафэщI   Мусуков Алий

 

  «Псыхэр къэгъэсэбэпынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа Iуэхухэр зэблэгъэкIыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «Псыхэр  къэгъэсэбэпынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа Iуэхухэр зэблэгъэкIыным« теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.

 2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.

3. Мы Унафэ къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м

№533-П-П

       «Псыхэр къэгъэсэбэпынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа Iуэхухэр зэблэгъэкIыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ
               Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
                               Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым къищтащ                  2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м

«Псыхэр къэгъэсэбэпынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа Iуэхухэр зэблэгъэкIыным теухуауэ» 20I3 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №36-РЗ-м и 9-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм бадзэуэгъуэм и I2-м
№27-РЗ

 

Поделиться: