Гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзырДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэми щокIуэкI гъэ еджэгъуэщIэм IуэхущIапIэхэр хуэзыгъэхьэзыр зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр. Зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэ, егъэджэныгъэм и фIагъыр къэзыIэт Iэмалхэри Iэдэжу яIэу лъэхъэнэщIэр яублэжынущ прохладнэдэсхэми. Мы зэманым ухуэныгъэ-зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр щекIуэкI щIыпIэ курыт школхэм ящыщщ Прохладнэ къалэм дэт 42-нэ еджапIэр. Дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар щаухуауэ щытар Хэку зауэшхуэм ипэ къихуэ илъэсхэращ. Ди республикэр нэмыцэ фашистхэм яубыдауэ щыщыта лъэхъэнэм школыр бийм зэтрикъутат. ИужькIэ, зэрыпхъуакIуэхэр советыдзэхэм ирагъэкIуэта нэужь, еджапIэр зыхуей хуагъэзэжащ абы и лэжьакIуэхэм, ныбжьыщIэхэри я дэIэпыкъуэгъуу. 1957, 1963 гъэхэм школым къыгуащIыхьауэ щытащ иджыри зы еджапIэ унэрэ мастерской зыбжанэрэ. Абы лъандэрэ блэкIа илъэс 60-м къриубыдэу школым зэи щекIуэкIакъым ухуэныгъэ-зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэ инхэр. Иджы абыхэм я гуащIэгъуэщ. Блыным фIэкIа япэрей ухуэныгъэм щыщу къэмынэжами ярейуэ, лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI школым. Яхъуэжащ абы и бжэхэри, щхьэгъубжэхэри, лъэгухэри, унащхьэри. ЩIэрыщIэщ унэшхуэр зыгъэхуабэ бжьамийхэри, зытхьэщIыпIэхэм, шхапIэм щIэт техникэри. Иджыпсту ухуакIуэхэр йолIалIэ спорт пэшышхуэм уэздыгъэхэр фIэдзэным, батареехэр щыгъэувыным. Абыхэм къадэкIуэу яух школ щIыбыр зехьэныр. Къэнэжыр зыщ: классхэм щIэтыну унэлъащIэхэмрэ техникэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу къэщэхужынырщ. УхуакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу школыр хьэзыр хъунущ. Еджэным хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэу 350-р екIуэлIэжынущ сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ хъуа, еджэныгъэм и иджырей мардэхэм хуэкIуэ Iэмал псори къыщызэрагъэпэща школыщIэм.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
12.05.2024 - 13:02 →
Iуащхьэмахуэ даха ныпхэр
12.05.2024 - 12:58 →
Бзэ зимыIэр лъэпкъыншэщ
11.05.2024 - 15:33 →
Дунейм и нэху
|