Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым, а Советым и президиумым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм накъыгъэм и 12-м къыдигъэкIа Указ №54-УГ-мкIэ къищтахэм, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым, а Советым и президиумым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм накъыгъэм и I2-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым, а Советым и президиумым хэтхэр къэщтэным теухуауэ» къыдигъэкIа Указ №54-УГ-мкIэ къищтахэм, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Советым:
хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Къумахуэ А.В. – Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
Лу А.Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхуэмкIэ и министрыр;
къыхэгъэкIыжын Пщыншэ К. Хь;
б) Советым и президиумым:
ТIымыжь Хъу. Хь. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм проект IуэхухэмкIэ и департаментым и унафэщIыр (Советым и президиумым и секретарщ)»;
къыхэгъэкIыжын Башорэ Р.А.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм бадзэуэгъуэм и I2-м
№69-УГ

 

Поделиться: