УзэщIакIуэ, хабзэ убзыхуакIуэ, лэжьыгъэ къызэгъэпэщакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн1838 гъэм университетыр къиуха нэужь, Къуэдзокъуэ Дмитрий Мэзкуу дэт уголовнэ судым и палатэм уват. Абы къыхэщт имыIэу мэзкуудэс къулыкъущIэм и гъащIэ тынш ирихьэкIыфынут, ауэ и натIэ хъуар нэгъуэщIщ. 1839 гъэм бадзэуэгъуэм и кIэм Къуэдзокъуэр Кавказ Ищхъэрэм къоIэпхъуэжри, и къэбэрдей благъэхэр къегъуэтыж. Ар щIэхъуэпсырт цIыхубэ лэжьакIуэу, лъэпкъ узэщIакIуэу, бэ къыщхьэщыжакIуэу псэуну. «Дунейм теткъым сэркIэ нэхъ лъапIэ си лъэпкъышхуэр зыхуей хуэзгъэзэным нэхърэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ гъащIэ гъуэгуанэ зыкъизых къызэзмынэкIми, ар къызэрымыкIуэ гъуэгуанэ махуэ схуэхъунущ. Гум, ипэжыпIэкIэ, тхьэмыщкIэ мин зыбжанэм я фIыщIэр нэхъ фIэфIщ, «действительный статский советник» къулыкъум нэхърэ, - яхуитхырт абы Мэзку дэс и благъэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ. Къуэдзокъуэр Псыхуабэ къыщоувыIэри, куэд дэмыкIыу щIэныгъэ зыбгъэдэлъ адыгэхэм - ПIалъэкIэ лажьэ Къэбэрдей хейщIапIэм и секретару лэжьа, адыгэ хабзэр зыджа Щэрдан Екъубрэ адыгэ узэщIыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Нэгумэ Шорэрэ - нэIуасэ яхуохъу. ЩIалэм кавказыбзэхэмрэ къуэкIыпIэбзэхэмрэ иджын щIедзэ, тхыдэ фэеплъхэр къелъыхъуэж. И лъэпкъым нэхъ гъунэгъу зыхуищIын мурадкIэ абы зэхуехьэсыж хабзэжьхэр, къафэхэр, уэрэдхэр. «Си Iуэхур пщIэншэ хъуакъым, си псалъалъэр мэбагъуэ. Хъыбарыжьрэ уэрэдыжьу куэд дыдэ зэзгъэуIуащ. Иджыри тырку сулътIанхэм мыбы щыпсэу цIыхубэм къыхуатха тхыгъитI къэзгъуэтыжащ - икъукIэ хьэпшып гъэщIэгъуэнщ», - яхуетх щIалэм Хомяковхэ. Къуэдзокъуэм жиIар пэж хъуащ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр екIуэкIыху, къэбэрдей пщыхэмрэ уэркъхэмрэ ялъыса щIы дестынэ 56-р ящэжащ. Дестынэ 56-м щыщу 38-р къэIэпхъуахэм, нэхъыбэу Таврием (Кърымым) къиIэпхъукIахэм ящэхуащ. ЩIы зиIэхэм иджыри я хьэлт ар щIыр мылъку зыщI банкхэм халъхьэныр. УнафэщIхэм я пащхьэ ирихьа дэфтэрым Къуэдзокъуэм щыжеIэ: «Лъэпкъ цIыхубэм защIэгъэкъуэн хуейщ, сыт хуэдэ лIакъуэм къыхэкIами. Ауэ зыдэIэпыкъун хуейр щIыр ирагъэфIакIуэу телэжьыхьынухэращ». ЩIыр цIыхубэм зэдай ищIкIэрэ, къэбэрдейхэм ящIхэр лъэпкъым къыхуигъэнэжын Iуэхут зэрихуэр Къуэдзокъуэм. А щытыкIэм зэи зимыхъуэжыну жиIэртэкъым абы. И чэзу къэсмэ, Къэбэрдейми щIыр нэрыбгэ щхьэхуэхэм щызэрахьэфу хъуным щыгугъырт. «Къэбэрдейм щIыр цIыху щхьэхуэхэм щатегуэшэн хуейкъым зэрыжысIэм къикIыркъым ар сыт щыгъуи цIыхубэ мылъкуу къэгъэнэным фIэкIа сфIэмыкъабылу». УзэщIакIуэр зэреплъымкIэ, экономикэ и лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэ щыбгъуэтынур щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ лъагагъ гуэр ягъуэту, езы лэжьыгъэми пщIэшхуэ иIэ хъуа нэужьщ. «Дэни псэукIэр щебгъэфIэкIуэн папщIэ, - етх Къуэдзокъуэм, - япэрауэ, щIы ухуейщ. ЕтIуанэрауэ – абы утелэжьыхьын гукъыдэж. Ещанэу – Iуэхур зэрызепхьэн Iэзагърэ акъылрэ. ЕплIанэуи, ар зэрызэфIэпхын мылъку, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ахъшэ ухуейщ, ауэ етIуанэри, ещанэри, еплIанэри зиIэ адыгэ щымыIэмэ, сыт хуэдэ зыужьыныгъэ экономикэм зэрыщыгугъыпхъэр?» Бгырысхэм я гъащIэм фIыкIэ зригъэхъуэжыну Къуэдзокъуэр щыгугъырт Владикавказ къыщызэIуаха, мэкъумэш Iуэхум папщIэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр реальнэ училищэм. УзэщIакIуэм къилъытэрт а еджапIэм Кавказ Ищхъэрэ псом щхьэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу икIи сыт щыгъуи еджакIуэхэми егъэджакIуэхэми ялъэIэс зэпыту къекIуэкIырт. Училищэр къыщызэIуаха I868 гъэм щегъэжьауэ, Къуэдзокъуэр абы псапэ ахъшэкIэ зыщIигъэкъуам къыщымынэу, I880 гъэм езыр еджапIэм и директору ягъэувын унафэр къыхалъхьат, ауэ администрацэм зэгурымыIуэныгъэ гуэр зэрыхудиIэм къыхэкIыу, узэщIакIуэр арэзы хъуакъым. Сом 4000 зи уасэ щIапIэшхуэ училищэм и мылъкум хилъхьа нэужь, Кавказ еджапIэ округым и унафэщIым Къуэдзокъуэм апхуэдэ тыгъэ лъапIэ зэрахуищIам щхьэкIэ, фIыщIэшхуэ къыхуищIауэ щытащ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 12:04 →
Кавказым бэнэныгъэр къызэрыщежьар
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
|