ГъэщIэгъуэнщАмерикэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэухэр цIыху хужьхэм зэреджэр «CANCASIANS» жиIэущ икIи абыхэм къызэралъытэмкIэ, Кавказ щIыналъэрщ япэ дыдэу расэ хужьыр къыщыунэхуар. XIII-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Блюменбах Иоганн лъэпкъыу дунейм тетыр тхууэ игуэшащ: хужьхэр, гъуэжьхэр, фIыцIэхэр, плъыжьхэр, къарэхэр. Абыхэм ящыщу ипэ иригъэщари, зэрыгурыIуэгъуэщи, Кавказыр зи къежьапIэу къилъыта цIыху хужьхэрт. А Iуэху еплъыкIэр зымыдэхэр зэпеуэу пэджэжын щIадзащ ахэр зэрыхужьым и мызакъуэу, икIи зыфIэдахэ Блюменбах. - Абы игъэбэтауэ аращ 1785 гъэм Геттингенскэ университетым и профессор Майнерс Кристоф и гупсысэр; апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр зыкIи щIэгъэбыдакъым, а псэлъафэр къахуэнауэ аркъудейщ… етх «Вокруг света» фIэщыгъэм щIэту Урысейм и географическэ зэгухьэныгъэм пасэ зэман лъандэрэ къыдигъэкI журналым. УсакIуэ цIэрыIуэ Бештокъуэ Хьэбас зэритхауэ, «уэ уфIу куэдрэ къыпхуадэнти…» - абыхэм ягу ирихьагъэнукъым Блюменбах ипэжкIэ Майнерс щхьэтечу хэIущIыIу ищIа мыпхуэдэ Iуэху еплъыкIэри: «ЦIыхуу дунейм тетыр я расэкIэ зэрыхъур тIущ - кавказрэ монголрэ. ЕтIуанэр япэм фIыуэ къыкIэроху я къарукIи я акъылкIи».
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:27 →
ЛъэхъуэщкIэ зыми ухуэмыупсэ
13.05.2024 - 15:21 →
Мамырыгъэм и жьэгур Налшык щызэщIагъэблащ
13.05.2024 - 12:10 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
13.05.2024 - 11:24 →
ЦIыху хахуэхэр
13.05.2024 - 11:20 →
МахуиплI фIэкIа имыIэжу
|