Гуэл Iуфэм

Хъыбар
Ди къунтххэр псым къыхэднэри, шэджагъуашхэр къыщысым, Батыррэ сэрэ гуэл Iуфэ щхъуантIэм дыщетIысэхащ. IэкIэ иракIэу тралъэщIэжа нэхъей, жьы кIапэ зыщIимыху бгыщхьэр мамырщ. Ауэ къунтххэм къеуIуу дыкъыщагъэлъэтын къытфIэщIу ди нэр абыкIэ щыIэщ. ТIэкIу дедзэкъэну дызэрытIысу, Батыр нэщхъей къэхъуащи йоплъых. Сыту пIэрэ ар хэзыгъаплъэр?
- СлIожь, тхыгъэ хьэлэмэт гуэр уеджэу ара? – ерыскъы зытетлъхьа газетым соплъ, Батыр и нэр абыкIэ щыIэщи.
- Хьэуэ. Мы хъумпIэцIэджым еплъыт, щIакхъуэ щыкъуей ехь.
- Iэу, хъумпIэцIэдж щIымахуэм хуэгъэтIылъэу уи щыпэлъагъу?
- Си щыпэлъагъукъым. Си сабиигъуэр си нэгу къыщIигъэхьэжащ хъумпэцIэджым, абы епхауэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи. Зы тхьэмахуэ ипэкIэ къешха уэшхышхуэр пщIэжрэ?
- ДауикI… Уэшхышхуащ.
- Ди автобус къэувыIэпIэм щащIа гъущапIэ тIэкIум сыщIэлъэдат абы щыгъуэ уэшхым псыф сищIауэ. – ХъумпIэцIэджым зэреплъым хуэдэурэ куууэ щэтащ Батыр. – Абы щIэт фызхэр я жьэр мыувыIэу мэпсалъэ, зытепсэлъыхьри я бэзэр сатущ, хэт и унэ зэтет ныкъуэщIырщ, хэти дыгъуэпшыхь игъэхьэщIахэрщ. НэгъуэщI зы фызи и лъэпэд лъапщэм къыдиха ахъшэ IэмыщIэр ебж. Ауэ уэшхым илъэсу гъуэгу Iуфэм Iулъ щIакхъуэ ныкъуэм зыри еплъыркъым. КъыпаупщIаи щымыIэу щIакхъуэ тхъуэплъышхуэр сыжэри къэсщтащ. Фызхэр а зэрыуэршэрт. Ауэ къиIущэщхэри мыгурыIуэгъуэу къызэплъ лIыжьым и нэхэм сэ си сурэтыр щIэслъагъуэу къысфIэщIащ. А нэ хуэдахэм щIакхъуэр си блэгущIэм зэрыщIэлъу сыкъытещырт.
- Хэтхэ уарей? – къызоупщI лIыжьыр.
- Хэтхэ сарейми, тхьэмадэ, зауэр щекIуэкI лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ I947 гъэр иухыху уэ пхуэдэ куэдым я выщхьэ сытесу сыващ, сылъапцIэ цIыкIуу. Абы щыгъуэ зы жэщ-махуэм цIыхум ишхыну къылъысыр хьэлIамэ закъуэрэ хьэлIамэпс фалъэрэт. Пэжкъэ?
ЛIыжьым и Iэгу лэрыгъухэмкIэ и нэкIу гъурыр зэпелъэщIыхь. Зи гугъу сщIыж зэманым абы и гур зэрыкIуэжар нэрылъагъут. Зэхихырт си куэр куэдрэ дэзыпIытIа гурыгъхэм, бжьы хуэдэхэм я кIыргъ макъыр. Сэ схуэдэ сабий Iэджэ и выщхьэтесу, къещхьэукъуэхыр выуэчымкIэ къигъэушыжу ар зэревэкIар илъагъужырт.
- Псори пэжщ, - мэщатэ лIыжьыр.
- АтIэ мыбдежым щыуэршэр фызхэм а зэманыр ямылъэгъуауэ дауэ жысIэн? Мы щIакхъуэр къэзыгъэнар сабийми, мы балигъ къомым щхьэ къагурымыIуэрэ?
ЛIыжьымрэ сэрэ уэршэрэгъу дызэхуэхъури куэд дигу къэдгъэкIыжащ.
Ди хэкур факъырэ зэтезыщIа а нэмыцэхэм иджыри кIэлъыбгэ хуэдэ, зауэ нэужь зэманым ди щIыр пыгъыкIрт. Уэгъуми удз дыдэ къигъэнатэкъым, илыгъуат. Фаджэлэджагъэр дэнэкIи щытепщэрт, колхозыщIыр зэравэну къахуэнэжари унагъуэ жэмхэт. А зэман бзаджэм жьэн узымрэ мэжэщIалIагъэмрэ пIэм хаубыда си анэшхуэр сфIэлIэрт. «Псым ихьыр шхийм йопхъуэ» жыхуаIэу, ди Iэнлъэм куэд щIауэ илъ хуэнщIейми зыри щIэлъыжтэкъым. Хэт селъэIунт, псори дэ тхуэдэт. КъызыхэщIыкIа щэкIыр къыпхуэмыщIэжыну зэхэдыжыхьа си гъуэншэджыр мастэкIэ зэхуэсшэжу сыздэщысым, нанэ сечэнджэщыну сыкъызэфIэуващ. Зи шылэ щIыгъуэр къэса
хьэпIацIэм и щIыфэу сыщызэкIэщIэплъу нанэ и напIэ къэпщахэр едзыхауэ жейрт. Ар къэзгъэушын си гум имыдэу, пэгун къызощтэри сыкъыдокI, тIуащIэм щыIэ ди жэмым тIэкIу къыщIэсшу къэсхьыну. Дыгъэ жьэражьэм къигъэплъа сабэм си лъэгу пцIанэр ежьэ, си адэ къуэшым схуиупса щхьэфэм гъуэрыгъуэурэ Iэгухэр тызопIэ, Батэгъэ гъуэгум сыздытетым. Си ныбэр къызэлъэIуху Щхьэлыкъуэпс хуабэ мыгурыхьым сыхоф, сыкъыщытэджыжкIэ, си нэхэр щоункIыфIыкI. Нанэрэ сэрэ ди гъащIэ псор здэщыIэу къэслъытэ тIуащIэм сокIуэ.
Сешри сетIысэхауэ мывэшхуэ гуэрым сытесщ. «Уэ умывэщ, зыри къыбгурыIуэркъым, си гъащIэм зыри хэпщIыкIыркъым. Гъэ Iейри гъэфIри уи зэхуэдэщ», - сыздэщысым, зэи дыгъэ здынэмыс жьауэ лъэныкъуэмкIэ, хуабэм
игъэхулIауэ шэгъэфIэIу тхьэмпэ цIыкIуищ къыщыслъэгъуащ. Ар сшхыщ, псы хуабэ гуэрым сыхэфыжри, сежьэжащ. Гъуэгуанэр кIыхьми, жэмым деж сынэсу шэ хуабэ сызэрефэнумрэ нанэ зэрыхуэсхьынумрэ си гурыфIыгъуэщ.
«Си адэр зауэм щыхэкIуэдам, си анэр бомбэм щиукIым уэращ, нанэ, адэ-анэу къысхуэнар. Жэмыр димыIатэмэ, уэри усфIэлIэти, зыгъэшхэни екIуэлIапIи зимыIэ хьэпшыру сэри губгъуэм сыкъинати», - согупсыс.
Батэгъэм сынэсащ. Мо сыздешам, сыздэмэжэлIам Щхьэлыкъуэ псыхъуэ джабэм сыдэмыкIыфу лъакъуиплIу сыдэпщащ. ЩIыщIащIэри, щIэуэгъури, зауэм дызыхидза бэлыхьри къызгурымыIуэу, жэпкъ пIий зырызхэм щхьэхынэ дыдэу егъуу зэхэт жэм уэдыкъуахэм сащыхэплъэм зысхуэмыубыдыжу согъ. Бжьым иIуэта жэм пщэдыкъхэм си нэгу къыщIагъэхьэж зэгуэрым нанэ схуиду щыта гуэншэрыкъхэр къызыхищIыкIыгъа вакъапхъэм и нэпкъыжьэ хужьхэр. Си макъымкIэ сыкъицIыхужри, ди жэмыр къызбгъэдыхьащи, бзэгу пхъашэ псыфкIэ си щхьэфэм къобзей.
Пэгуныр къэсщтауэ жэмым сыщыщIэтIысхьэм, шэ къэсшынум и гъуагъуэ макъыр зэхэсхырт, шэмэ IэфIри къысщIихьэу къысфIэщIырт. АрщхьэкIэ сыт хуэдизрэ къэзукъуэдиями, и быдзыпэр аркъудеи псыф къэхъуакъым. Сыкъалъагъумэ, къызагъэхужынутэкъыми, жэмыр гъэпщкIуауэ псыхъуэ кIуэцIкIэ къесхужьэжащ. Гъуэгуанэр кIыхьт, ауэ ар сэ кIэщIу къысщигъэхъурт нанэ жэмыр зэрыхуэсхужым. Иджы мэз сыщыкIуэкIэ жьауапIэ псыIэхэм мылыф къыщысфыщIми, адэ-мыдэ жысIэми жэмым зэрызезгъэужьыжынум, шэ къызэрысшынум, ар нанэ ирезгъэфурэ зэрызгъэхъужынум шэч къытесхьэркъым, атIэми шэр хущхъуэшхуэу жаIэ.
Си гуращэ псори къызэхъулIащи, пшэхэр къызэрыкъуэхыу дыгъэ пщтырыр ягъэпщкIуауэ, махуэ лыгъейхэр щIыIэтыIэ хъуауэ къысфIэщIу сыкъокIуэ.
Ужьыхыж дэпу, вагъуэ зырызыххэ уафэ лъащIэм къищ къудейт сыкъыщысыжам. СыныпхуокIуэж, нанэ, щхьэгъубжэмкIэ нэхъ мыхъуми нэкIэ къысIущIэж жыхуиIэу, куэбжэм нэсыжа жэмыр щэ бууащ. А макъыр зэхихыу нанэ къытпежьа си гугъэу, си лIыгъэми срипэгэжу сыщыдыхьэжым, жэмым къыпэджэжыр фыз хьэдагъэ макът. Абдежым щIы сызытетыр джэрэзри, дунейр зэуэ кIыфI къэхъуащ…
Мы щIакхъуэр, тхьэмадэ, абы щыгъуэ сиIатэмэ, нанэ мылIэу къэнэнкIэ хъунт.
Автобус итIысхьэпIэм щыт псори къедэIуат си хъыбарым. Е хъыбарыр ягу щIыхьат, е ерыскъым гу зэрылъамытар я жагъуэ хъужат, - нэщхъейхэт.
- Мис а псори сигу къэкIыжащ, - жеIэри, мэщатэ Батыр.
КъунтххэмкIэ дыплъа щхьэкIэ, псы гущIыIум тес пхъэмыфхэр ауи хъейртэкъым. Иужьым, щIакхъуэ фIэтлъхьэу щыхэддзэжым, куэд дэмыкIыу къеуIуу щIадзащ.
- Плъагъурэ, щIакхъуэм и IэфIыр псоми ящIэ! – жиIащ Батыр, къысхуеплъэкIри.

Бахъуэ БетIал.
Поделиться: