ЩIэныгъэм зезыгъэужьхэр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и проректор, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Хьэшыр Светланэ иджыблагъэ хэтащ «Термопластикэ пкъыгъуэ зэхэлъхэр промышленностым къыщыгъэсэбэпыным теухуауэ» зи фIэщыгъэ Iэнэ хъурейм. Ар къызэзыгъэпэщари щекIуэкIари Бытырбыху къалэ дэт, Пётр Езанэм и цIэр зезыхьэ политехникэ университетым IэщIагъэхэмрэ щIэныгъэхэмкIэ и Центрырщ.
IэщIагъэхэмрэ щIэныгъэхэмкIэ Центрыр щIэныгъэ унэтIыныгъэ зыбжанэм я зэпылъыпIэм деж щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ къэунэху проектхэр зыхуей хуэзэу гъэзэщIэнымкIэ, ахэр промышленностым хэлъхьэнымкIэ Урысейм щынэхъ ин дыдэ IуэхущIапIэщ. Центрыр зэлэжь Iуэхугъуэхэм ящыщу гулъытэ нэхъыбэ зыгъуэтыр «Хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къызэрыщIагъэкI технологиещIэхэр» унэтIыныгъэрщ. Абы хохьэ бжыгъэрылъанэр зи лъабжьэ проектхэр зэхэлъхьэныр, пкъыгъуэбэу зэхэт полимер зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэгъэкIыныр, зи щытыкIэр зэщхь бжыгъэрылъанэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъэхьэзырыныр, нэгъуэщIхэри.
Iэнэ хъурейм хузэфIэкIащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр, къулыкъущIэхэр зэхуишэсын, полимер зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэгъэкIыным икIи ахэр зызыужь зэпыт технологием и IэмалыщIэхэм тету зэпкърылъхьэным тригъэпсэлъыхьын, щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр сыт хуэдизу ягъэкуууами, сыт хуэдизу ахэр промышленностым хэплъхьэ хъунуми яIэ гупсысэхэмкIэ зэригъэчэнджэщын. ЗэIущIэм къыщыпсэлъа Хьэшыр Светланэ къыхигъэщащ Iэнэ хъурейм мыхьэнэшхуэ зэриIэр: «Ди къэралыр цIыкIукъым. ЩIыналъэ къэс зы IэщIагъэ пыухыкIа гуэр игъэпэрыту, абы зригъэужьу мэлажьэ. Ар, шэч хэмылъу, фIы дыдэщ, ауэ зыужьыныгъэм зы мардэ иIэщ – зэлъэIэсын, щхьэж и IуэхущIафэкIэ зэрыщIэн хуейщ. ЕдгъэфIэкIуэну дызыхэт сыт хуэдэ IэщIагъэри IэнатIэщ, промышленностым епхащ, къызэрыщIагъэкI технологиещIэхэмрэ къыщIэзыгъэкI Iэмэпсымэхэмрэ хуэныкъуэщ. Дунейм и щытыкIэр къэплъытэмэ, сыт хуэдэ къэхутэныгъэри гъащIэм хэтпщэн хуейуэ дригъэувэлIащ. Нобэ Iэмал нэхъыфI икIи нэхъ зыхуей хуэзауэ диIэр полимерым къыхэкI фIыгъуэ псори къэдгъэсэбэпынырщ, ди технологие псори абы тетщIыхьынырщ. IэщIагъэхэмрэ щIэныгъэхэмкIэ Центрым щиIэхэм ар къазэрыгурыIуэр, абы теухуауэ шэщIауэ зэрылажьэр къыхыумыгъэщынкIэ Iэмал иIэкъым».
АдэкIэ Хьэшырым и гугъу ищIащ КъБКъУ-мрэ Центрымрэ зэгъусэу инжиринг щIэныгъэ IуэхущIапIэ къызэрызэрагъэпэщам. «ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу зэхэтлъхьащ «Компьютерыр зи лъабжьэ инжирингымрэ бжыгъэрылъанэ промышленностымрэ» зыфIэтща егъэджэныгъэ программэр. А программэмкIэ йоджэ КъБКъУ-ми Бытырбыху дэт къэрал политехникэ университетми я студентхэр. Апхуэдэу, программэм Iэмал къыдитащ «Роскосмосым» и лэжьыгъэм къыщысэбэпын проект зыбжанэ дгъэзэщIэну», – жиIащ Хьэшырым.
Хьэшыр Светланэ зэпкърыхауэ щытепсэлъыхьащ промышленностыр зыхуэныкъуэну Iэмэпсымэхэр къыщIэгъэкIыным КъБКъУ-р илъэс зыбжанэ хъуауэ зэрелэжьым, ахэр пкъыгъуэбэу зэхэт полимерхэмрэ къатыбэу зэтелъ полимер пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къызэрыхащIыкIым. «Дэ къыщIэдгъэкI Iэмэпсымэхэр 3D IэмалхэмкIэ лажьэ техникэ псоми хэплъхьи, ар къэгъэнауэ, ахэр зэхэбгъэхьи, бжыгъэ куэд хъууэ къыщIэбгъэкIи хъунущ», – къыхигъэщащ Светланэ.
ЗэIущIэм щекIуэкIа псалъэмакъыр зэфIэкIа нэужь, щIэныгъэлIхэр арэзы техъуащ полимер пкъыгъуэхэр промышленностым къыщыгъэсэбэпыным ехьэлIауэ щIэупщIэ зэрыщыIэм, абы къыхэкIыуи а IэнатIэм зегъэужьын зэрыхуейм.
Iэнэ хъурейм къыщапсэлъар щIэныгъэ псалъэмакъым и утыкум къимынэжу гъуэгу зэригъуэтынум шэч къытетхьэркъым.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: