ХуащI гулъытэм хохъуэ

«Тыншу хэзыгъэгъуазэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ зи узыншагъэр хуэмыщIа сабий куэдым дэIэпыкъуэгъу нэхъыбэ ягъуэту хуежьащ.
Абыхэм папщIэ ди республикэм и курыт еджапIэхэм коррекционнэ классхэр къыщызэрагъэпэщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ егъэджакIуэхэм Iэмал ягъуэтынущ, сабийхэм я зэфIэкIым елъытауэ, я дэтхэнэми щхьэхуэу дэлэжьэну.
Проектым хиубыдэу Псыхъурей, Кышпек, Ислъэмей къуажэхэм я школищ зэрагъэпэщыж: унэлъэгухэр, зытхьэщIыпIэхэряхъуэжащ, щIыхьэпэхэм пандусхэр щагъэуващ. 
Апхуэдэу зыхуей псомкIи къызэрагъэпэщащ зи тхьэкIумэм фIыуэ зэхимых, зи бзэм сэкъат иIэ, хуиту зи лъэр щIэмыкI цIыкIухэр щрагъэджэну класс пэшхэри.
Псом нэхъ гъэщIэгъуэну а яIэхэм къахэхъуащ сенсорнэ пэшхэр. Ахэр нэху зыщIимыдзэрэ зыщIидзэкIэ гуэшащ. ЕгъэджакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, япэм сабийм и псантхуэм псэхугъуэ щегъуэт, етIуанэм моторикэ цIыкIум зыщеужь.
Бахъсэн щIыналъэм щофIакIуэ зэчий зыбгъэдэлъ сабийхэм щадэлажьэ «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» центрхэми. Иджырей мардэхэм тету пэшхэр иджыпсту щагъэхьэзыр Зеикъуэ дэт курыт еджапIэ № 3 - м, Ислъэмей дэт № I - м, ХьэтIохъущыкъуей дэт № I-м, Куба дэт № 2 - м, ПсыкIэхурэ Жанхъуэтекъуэрэ дэт школхэм. Апхуэдэ центру щIыналъэм иджыпсту I4 щолажьэ. Абыхэм я дэтхэнэми школакIуэхэм хэкъузауэ щаджынущ биологиер, химиер, физикэр. КъищынэмыщIауэ, класс щIыб лэжьыгъэхэм хиубыдэу къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр ирагъэкIуэкIынущ.
Гъэ еджэгъуэщIэр къэмысу Бахъсэн щIыналъэм курыт еджапIэу 33 - рэ зыхуей щыхуагъэзэнущ: бжэ-щхьэгъубжэхэр, ток кIапсэхэр, унэлъащIэхэр щIэкIэ зэрахъуэкIынущ, пщIантIэхэр ягъэдэхэнущ, шынагъуэншагъэр зыхъумэ турникетхэр ягъэувынущ.
Школхэр ремонт щIынымрэ зи гугъу тщIа центрхэр къызэIухынымрэ трагъэкIуэдэну сом мелуани 5 - р щIыналъэ бюджетым къыхагъэкIащ. 
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: