Хъуэжэ и хъарбыз шхыкIэр

Еуэри, жеIэ, Хъуэжэ зы джэд закъуэ иIэти, бэзэрым ихьри, ищащ, къыщIэкIамкIэ хъарбыз къуэлэнышхуэ къищэхущ аби, къэкIуэжащ. Ар зылъэгъуа и ныбжьэгъухэри кIэщIкIэ иужь иту къызэхуос. Хъуэжэм ахэр къригъэтIысэкIри, езыр унэкум итIысхьэжщ аби:

- Сэ нобэ зы хъарбызыжь къэсщэхуащи, ар хъарбыз зэрашхкIэ умышхыныр гуэныхьщ, - жиIащ. – ФщIэрэ фэ хъарбыз зэрашхыр?

- Ахьай тщIэрэ, щхьэ дымыщIэу! – жаIэ и ныбжьэгъухэми.

- Дауэ - тIэ?

- Дауи щхьэуи хэмылъу: бзыгъэ-бзыгъэу яупщIатэри и кур яшх, и фэр хыфIадзэж.

Хъуэжэ къащодыхьэшх:

 - Ара хэфщIыкIри?

- Сыт - тIэ абы нэгъуэщIу хэлъыр? – зоплъыж къызэхуэсахэр. – КъыджеIэт!

- Абы нэхърэ фыкъеплъи фигу ивубыдэ, - жери и щхьэгъусэм йоджэ, Iэнэр кърегъэхь.

Хъарбыз къуэлэныжьыр Iэнэм къытрелъхьэри, IэдакъэсэкIэ бзыгъэ-бзыгъэу еупщIатэ.

- Иджыпсту пщым я хъарбызшхыкIэм фыкъеплъ! – жери хъарбызыку къабзэр щIегъэмэракIуэ.

- Иджы уэркъым я хъарбызшхыкIэр фызогъэлъагъу! – жери хъарбыз бзыгъэхэр къригъэжурэ ешх.

- Ещанэу, былым хъарбыз шхыкIи щыIэщи, фыкъеплъ! – жери хъарбызыфэхэр ешхыж.

- ЕплIанэуи, джэд хъарбыз шхыкIэ щыIэщи фызогъэлъагъу! – жери хъарбыз жылэхэр къищыпурэ ешх. – Хъарбызым шхыкIиплI иIэщи, плIыри зыщывмыгъэгъупщэ!

- Уэлэхьи, абы щыгъупщэ имыIэ! – жаIэри, Хъуэжэ и ныбжьэгъухэр йожьэж…

-Ауэ щыхъуам деж, цIыхум я хъарбыз шхыкIэри зэвгъащIэ! – якIэлъоджэ абыхэм Хъуэжэ.

Гупыр зэщIоувыIыкI:

- Ари дауэ?

- Къывэмыджауэ хъарбызышхэ фымыкIуэ.

 

Поделиться:

Читать также: