Уз зэрыцIалэхэм защыфхъумэЦIыху куэд зыгъэсымаджэхэм щыщщ кIэтIий уз зэрыцIалэхэр. Псалъэм папщIэ, абы хохьэ ныбажэмыжакъуэр, сальмонеллезыр, нэгъуэщIхэри. А узыфэ зэрыцIалэхэр къезыхьэкI микробыр цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэрыхыхьэр и жьэмкIэщ икIи абы кIэтIий гъумыр е псыгъуэр «тIысыпIэ ещI» икIи а микробхэр тыншу пхуэгъэкIуэдыркъым. А узыфэхэр къыщоуалIэкIэ уи щхьэр уназэу, уи къэжьын къакIуэу, уи ныбэр узу, уи температурэр дэкIуейуэ мэхъу. IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, дунейм щихуабэгъуэ лъэхъэнэрщ кIэтIийм епха узыфэ зэрыцIалэ зэхуэмыдэхэр нэхъ псынщIэу щыятэр. Тыкуэным е бэзэрым къыщыфщэхуа пхъэщхьэмыщхьэхэр фшхын ипэ, къабзэу тхьэщIын хуейщ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|