Шэдхъуреишхуэмрэ Шэдхъурей цIыкIумрэДыщалъхуа щIыналъэм щIыпIэ дахэ куэд иIэщ. Абыхэм ящыщщ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Каменномост къуажэм пэмыжыжьэу иIэ Шэдхъурей гуэлхэр. Абыхэм зыплъыхьакIуэхэр зыIэпашэ, псалъэкIэ пхужымыIэным хуэдэщ а щIыналъэм и телъыджагъэр. ИщхьэмкIэ укъыщеплъмэ, ахэр нэхэм ещхьщ. Гуэлхэм я зы лъэныкъуэмкIэ мэкъупIэщ, адреймкIэ мэзщ, дей жыг хадэщ. Ахэр тIу мэхъу: Шэдхъуреишхуэрэ Шэдхъурей цIыкIурэ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэм гуэлхэр щы хъууэ щытащ, ауэ я щхьэусыгъуэр ямыщIэу езыр-езыру игъущыкIащ, кумбышхуэ къанэри. Шэдхъурей гуэлхэр егъэлеяуэ зэрыдахэм и мызакъуэу, щэху куэди яIэщ. Абыхэм ит псыр зыщIыпIэкIи къыщилъадэркъым икIи щижыжыркъым, я кууагъым зимыхъуэжу щагъэтщ псыщIагъ псынэхэм. ЩIымахуэми гъэмахуэми псым и хуабагъыр градуси 10 - 15-м фIэкIыркъым. Псыр зэрыщIыIэм къыхэкIыу цIыхухэм абы зыщагъэпскIыфыркъым, ауэ бдзэжьей къыщаубыд.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|