Зыужьыныгъэр здынэсар

Литературэр жанр и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, мы лъэхъэнэм усэми, прозэми, драматургиеми зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ ямыIэу заужьу жыпIэ хъунущ. Иджыпсту тхакIуэхэм я бжыгъэм хэщIами, литературэм щIалэгъуалэу къыхыхьэм я бжыгъэм кIэрыхуами, къэбэрдей-шэрджэс литературэр и пIэ иткъым, абы арэзы укъэзыщI тхыгъэхэр къыхохъуэ.

Псом япэу къыжыIэн хуейщ усакIуэхэр жылагъуэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм псынщIэу зэрыпэджэжыр. Къэралышхуэр щылъэлъэжым къыкъуэкIа ныкъусаныгъэхэр, цIыхухэм я нэхъыбэр тхьэмыщкIэ зэрыхъуар, лъэпкъхэм яку къаугъэ къыдэхъуэ зэрыхъуар къыхыхьащ лъэпкъ усакIуэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэм.

УсакIуэ нэхъыжьхэм ящыщу ноби гуащIафIэу литературэм холэжьыхь Бещтокъуэ Хьэбас. Абы жанр зэхуэмыдэхэр къегъэсэбэп: пьесэхэр, усэу тха роман-миф («Мывэ лъэхъэнэ») иIэщ, ауэ нэхъыбэу зэлэжьыр усэрщ, псом хуэмыдэу лирикэрщ. Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ мыпхуэдэ тхылъхэр: «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» (1991), «Лирикэ» (1993), «Нэсрэн ЖьакIэ» (пьесэхэр, 1995), «Поэмэхэр» (1995), «Тенджыз Iуфэ гъуэгуанэ» (1998), «Дуней телъыджэ» (2003), «Бжьыхьэ дыщафэ» (2006), «Дыщэхурэ фIамыщIрэ» (2012), нэгъуэщIхэри.

Бещтокъуэм и тхыгъэхэр къытрадзэ газетхэм, журналхэм, и статьяхэр тхылъ щхьэхуэу – «Анэдэлъхубзэм и псынащхьэ» и фIэщыгъэцIэу – 2009 гъэм къыдэкIащ. УсакIуэр илъэс куэд щIауэ егъэпIейтей адыгэбзэр еджапIэхэм зэрыщадж, къызэрагъэсэбэп щIыкIэм. Хьэбас литературэм щIэуэ зыгуэр зэрыхилъхьэнум хущIокъу сыт хуэдэ зэманми. Ар лъэпкъыр зыгъэпIейтей гупсысэхэр сэтей къэзыщIщ. И усэхэм укъыщеджэкIэ, къыпщохъу лъэхъэнэм къыздихьа зэхъуэкIыныгъэхэм гу лъимытэ хуэдэу, сыту жыпIэмэ агитацэ псэлъэкIэ къигъэсэбэпыркъым. УсакIуэр зытелажьэр сыт хуэдэ зэманми цIыхур нэхъ зытегузэвыхь 1уэхухэрщ, ахэр сэтей къещI «щIагъщIэлъ» гупсысэхэмкIэ.

УсакIуэ нэхъыжьхэм ящыщщ Елгъэр Кашиф. Усэ тхылъу къыдигъэкIащ: «Вагъуэ псынщIэ» (1991), «Тхыгъэ къыхэхахэр» (1995), «Хэплъэгъуэ» (2009). Къагъырмэс Бориси хэлъхьэныгъэ щхьэпэ хуищIащ лъэпкъ усыгъэм: «Лэсчэн пшыналъэхэр» (1993), «Тхыгъэхэр» (1998), «МафIэзехьэ» (2003), «Сыхьэт» (2006). Лъэпкъ усыгъэм езым лъагъуэ щыпхишащ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа Уэрэзей Афлик. Уэрэзейм и усэхэр 1970 гъэхэм къыщыщIэдзауэ журналхэм, газетхэм къытрадзэу щытащ, иужьк1э тхылъ щхьэхуэу къыдэкIащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи: «Iуащхьэжь. Усэхэр, поэмэхэр» (1997), «Сроки счастья. Стихи, поэма» (1991), «Серебряное кольцо» (1993), «Кхъужьей къудамэ» (2004).Уэрэзейм иIэщ сонетхэри сонет Iэрамэхэри.

Иджырей адыгэ усакIуэ пажэхэм ящыщщ Ацкъан Руслан. Аращ сонет нэхъыбэ дыдэ зи Iэдакъэ къыщIэкIар. Ахэр щэм щIегъу. Руслан лирикэм и адрей жанрхэми хуэIэзэщ. Я цIэ къиIуапхъэщ и усэ тхылъхэу иужьрей илъэсхэм дунейм къытехьахэм: «Тхьэгъэлэдж» (1993), «Гугъэм и кхъухьхэр» (1995), «Жьырытэдж» (1998), «ЩхьэегъэзыпIэ» (2003), «Къэгъэзэжыгъуэ» (2009), «Уэшх нэужьым» (2014), нэгъуэщIхэри.

Зэманым и нэщэнэхэм, жылагъуэм, къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм убгъуауэ тетхыхьхэм ящыщщ Мыкъуэжь Анатолэ. Иужь илъэсхэм абы усэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ: «Дунеижь» (1995), «Адэжь щIэин» (2000), «Къэрэгъул бжыхь» (2010). Абыхэм щIыпIэшхуэ щаубыд граждан (жылагъуэ) лирикэм. 1991 гъэм итха «Ди кхъухьыр» усэм Анатолэ IупщIу къыщегъэлъагъуэ ди къэралым и закъуэ и «кхъухьыр» (мыр образ хьэлэмэтщ) псым зэрыдэсейр, адрей псори есыхырт; дунейм и хабзэхэр абы къридзэу зэрыщымытар. ИкIэм-икIэжым, кхъухьыр ныджэм къытридзащ, зэхэкъутащ, псыхьэлъахуэ хъужащ. УсакIуэр щIоупщIэ: «Сыт щыгъуэ дыгъэр пшагъуэм къыкъуэкIыу, ар игъэгъущыжу» ди кхъухьыр адрейхэм щащIыхьэжынур?

Сыт хуэдэ зэманми усакIуэм и къалэн нэхъыщхьэщ захуагъэм щIэбэныну, цIыху дэхуэхахэм къащхьэщыжыну. Апхуэдэ усакIуэщ Мыкъуэжь Анатолэ, абы хуэтхкъым «гуфIэгъуэм теухуауэ уэрэд нэс, цIыхухэм щыщIагъэкIым нэпс».

 

Поделиться: