Дунейм щыхъыбархэрНОБЭ ♦Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ ♦Офтальмологием и дунейпсо махуэщ ♦Джэдухэм я дунейпсо махуэщ ♦Тыркумэн хъэуаным и махуэщ ♦Швецием и Къэрал ныпым и махуэщ ♦Китай Республикэм щагъэлъапIэ Адэхэм я махуэр ♦1899 гъэм США-м щыщ къэхутакIуэ Маршалл Альберт дунейм щыяпэу щIыIалъэ зэпкърилъхьащ, абы щыхьэт техъуэ тхылъи хуатхащ. ♦1900 гъэм теннис спорт лIэужьыгъуэм и саугъэт нэхъ лъапIэ дыдэр – Дэвис и Кубокыр – ягъэуващ. ♦1924 гъэм Москва къалэ кIуэцIым япэ автобус линэр щаутIыпщащ. ♦1927 гъэм Франджым хэIущIыIу щащIащ хьэм къыпкърыхьэ емынэ узым и хущхъуэгъуэр къызэрагъуэтар. ♦1941 гъэм Сталин Иосиф советыдзэхэм я командующэ нэхъыщхьэу ягъэуващ. ♦1941 гъэм Совет Союзым и «Ил-4» кхъухьлъатитху Берлин япэу щхьэщыхьэри, лагъымхэр ирадзыхащ. ♦1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ республикэм и къалащхьэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну. ♦1943 гъэм Дзэ Плъыжьым и Iэщэхэм къахэхъуащ КВ-95 танк хьэлъэр. ♦1949 гъэм Страсбург (Франджы) щызэхэтащ Европэм и Советым и япэ сессиер. ♦1955 гъэм СССР-м къыщащтащ илъэсым къриубыдэу зы мазэ лэжьакIуэм зигъэпсэхунымрэ ныбжьыщIэхэр лэжьэну хуит зэращIымрэ ятеухуа хабзэхэр. ♦1967 гъэм Бангкок (Таиланд) къыщызэрагъэпэщащ Ипщэ-КъуэкIыпIэ Азием хыхьэ къэралхэм я зэгухьэныгъэр (АСЕАН). Абы хыхьащ Индонезиер, Малайзиер, Сингапурыр, Таиландыр, Филиппинхэр, нэхъ иужьыIуэкIэ Брунейр (1984 гъэм), Вьетнамыр (1995), Лаосымрэ Мьянмэрэ (1997), Камбоджэр (1999). ♦2008 гъэм ХХIХ гъэмахуэ Олимп джэгухэр Китайм и къалащхьэ Пекин къыщызэIуахащ. Ахэр шыщхьэуIум и 8 - 24-хэм екIуэкIащ. Адыгэхэм гуфIэгъуэшхуэ къытхуихьащ а Олимпиадэм - алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ Хъущт Аслъэнбэч. ♦2008 гъэм Куржыр Осетие Ипщэм теуащ. А махуиплIым цIыху мамыру минрэ ныкъуэм щIигъу щыхэкIуэдауэ щытащ теIэпхъэ ящIа щIыналъэм. ♦1927 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм и мызакъуэу дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа нэ дохутыр Iэзэ, РАМН-м и академикыу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Фёдоров Святослав. ♦1937 гъэм къалъхуащ США-м щыщ киноактёр, режиссёр цIэрыIуэ, «Оскар»-р тIэунейрэ, нэгъуэщI саугъэт лъапIэ куэд зрата Хоффман Дастин. ♦1943 гъэм къалъхуащ урысей кинорежиссёр, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Ника» саугъэтыр зыгъэува Гусман Юлий. ♦1937 гъэм къалъхуащ балетмейстер Марыщ Заур. ♦1948 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Савицкая Светланэ. ♦1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къудали Мухьэмэд. ♦1981 гъэм къалъхуащ Швейцарием щыщ теннисист, дуней псом щынэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ, Шлемышхуэр тIощIрэ къэзыхьа Федерер Роджер. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 17 - 18 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Зи нэхъыжь зымылъытэм и щхьэ илъытэжыркъым.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 10:00 →
Хьэршым зыщызыгъэкIэрахъуэ уафэщI жьэражьэ
03.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 →
НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
|