Пэжым и гъэр Ассанж Джулиан

 Инджылызым и суд нэхъыщхьэм унафэ къищтащ илъэсипщI хъуауэ Лондон тутнакъыу щаIыгъ журналист Ассанж Джулиан США-м ирагъэшэжыну.
 Iуэхур зыIутыр и чэзум къэпщIэныр Iэщэм щыхуагъуадэ нобэрей дунейм. «Псори пщIэмэ, пщIэнур уощIэ», - ар и псалъафэщ «Викиликс» интернет хэщIапIэм къызэзыгъэпэща Ассанж Джулиан. Лажьэ зимыIэ программист Iэзэр докIуадэ демократием и уэчылу зыкъэзыгъэлъагъуэ США-мрэ Инджылызымрэ я зэхуакум. Мэлыжьыхьым и 20-м Британ судыр щIалэм и тхьэусыхафэр Iумпэм ищIри, пцIы защIэкIэ илъэс I75-кIэ хьэпсым исыну тезыр къыщытралъхьа Америкэм иратыжынымкIэ арэзы хъуащ.
 Зы цIыху губзыгъэ дунейм теткъым мы щIалэр зэрагъэкъуаншэ щхьэусыгъуэ I7-р тегъэщIапIэ ямыIэу зэрыкIэрацIэлъыр, и жьэр зэщIрагъэпIэн, зэрынэрылъагъущи – дунейм трахужын щхьэкIэ зэрызэIуащам шэч къытрихьэу. 20I0 гъэ лъандэрэ къокIуэкI зи гугъу тщIы хейщIакIуэ Iуэхур. Ассанж хуамыгъэгъур абы «Викиликс»-м кърилъхьа дэфтэр щIэхъумахэр америкэ тепщэгъуэм зэрихьэ лейм и щыхьэту къызэрыувырщ. Ассанж къигъэнэIуа тхылъымпIэхэм я зэранкIэ е я фIыгъэкIэ, хэхыныгъэм Хиллари Клинтон щыхилъафэри, Трамп Доналд щытекIуауэ щытащ. ИкIэм икIэжым «урысхэм я Iуэху дэбгъэкIащ» жаIэри, ари хуэбгъэгъу мыхъуну гуэныхьхэм хупатхащ.
 2006 гъэ лъандэрэ мэлажьэ Ассанж и «Викиликс»-р. Зэрамыгъэтыншынур ищIэжу, щIалэм хэщIапIэ ищIат Швециер. Къэрал къулыкъущIэхэм ягъэпщкIуну зыхуей дэфтэрхэр Ассанж езым ищIэж IэмалкIэ къигъуэтурэ, дуней псом щыцIэрыIуэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэу Iэл-Джазирэ, Нью-Йорк Таймс, Шпигель хуэдэхэм яхуригъэхьырт. Къытридза щыхьэтхэр къезытахэм я цIэхэр зэи къриIуэртэкъыми, тезырыр езым и закъуэ ипшынын хуей хъуащ. Ауэрэ хэIущIыIу ящIа дэфтэрхэм я бжыгъэр мини I00-м фIэкIащ. США-м Афганистанымрэ Иракымрэ щригъэкIуэкIа зауэхэм епха щэхухэр хэIущIыIу хъуа нэужь, Сирием щекIуэкIа зауэм теухуа тхылъымпIэ 2,4-рэ къралъхьэну хъыбар ягъэIуащ.
 ЩIалэм и жьэр зыщIрагъэпIэн щхьэкIэ, 2010 гъэм хабзэхъумэхэр Швецием щраутIыпщащ. 20II гъэм Инджылызым яшэу абы щащIа судым ипкъ иткIэ Швецием иратыжыну унафэ къыщащтэм, Ассанж Эквадор къэралым и лIыкIуэхэр зыщIэс унэм зыщигъэпщкIури, щтапIэ ихьэжам и хабзэм къихъумэу, илъэсищкIэ абы щIэсащ. Метр зэбгъузэнатIэ 20 фIэкIа мыхъу пэшым щIэтт зытхьэщIыпIэ, дыгъэм и пIэкIэ ультрафиолет бзийхэр къэзыутIыпщ уэздыгъэ, къыщажыхь спорт Iэмэпсымэ. Абы щIалэр илъэсиблкIэ щIэсащ зы джэду и гъусэу.
 20I9 гъэм мэлыжьыхьым и II-м Эквадорыр Ассанж къыщхьэщыжыныр хуамыдэу, Инджылызым и судым иратыжри хьэпсым ирадзащ, ауэ США-м ирамыгъэшэжыну къагъэгугъэу. Лъэхъуэщым исыху, щIалэр псэкIэ гугъу ирагъэхьащ, абы къыхэкIыуи и узыншагъэм фIыуэ кIэрыхуащ, зиукIыжынкIи хъунущ хужаIэу. ИтIани, 202I гъэм Инджылызым и судым унафэ къищтащ журналистыр Америкэм иратыжыну. Тхьэусыхэну зэрыхуитыр къигъэсэбэпу, лъэIу тхылъ ита щхьэкIэ, и хьэтыр къалъэгъуакъым. Иджыблагъэ Ассандж мыгувэу США-м зэрыратыжым теухуа хъыбар зэбгратыкIащ.
 Ассанж Джулиан I97I гъэм Австралием къыщалъхуащ. Ар къытохъукI лъэпкъгъэкIуэд зращIылIа ирланд лъэпкъым, шотланд къуэпси иIэщ. Программист Iэзэ хъуа нэужь, Ассанж къэрал тетыгъуэхэм зэрахьэ лейр къигъэнэIуэну, тIасхъэщIэххэм къаIэрыхьэ дэфтэр пэжхэр цIыхубэм ялъигъэIэсыныр нэрыгъыу иубыдат. Иджыпсту зытекIуэдэжри аращ. И гъащIэ гъуэгум уриплъэмэ, щIалэм интернет IэмалкIэ имымылъку зрихьэлIэу, судым иIыгърейуэ, къинэмыщIу къыпфIэщIынкIи хъунущ. Ауэ хуэмурэ а псори Ассанж хуиту дакъузэн щхьэкIэ зэрызэIуащар нэрылъагъу мэхъу.
 Ассандж зэрыхейр уи фIэщ зыщI щхьэусыгъуэхэм язщ абы сыт хуэдэ зэмани пщIэншэу къыщхьэщыж уэчылхэр къызэрыхукъуэкIым. Ауэ унафэ ткIий къызэрыхуащIар наIуэу, абыхэми жьэ иратыркъым. А Iуэхум фIыуэ къыдэкIуар сыт жыпIэмэ, Джулиан и уэчыл псэемыблэж, Швецием щыщ, ЮАР-м къыщалъхуа Моррис Стеллэ щIалэр лъэхъуэщым зэрисым хуэдэу щхьэгъусэ зэрыхуэхъуарщ. ЗэхуэзапIэ хуит игъащIэм зимыIахэм я «нысашэ» сурэтхэри илъщ интернетым. Адыгэхэм щIалэр жыжьэ щыIэмэ, пыIэр ягъэтIысу нэчыхь ятхыу зэрыщытам ещхьу, нысащIэ фащэ зыщыгъ Моррис Джулиан и сурэтыр иIыгъщ. Зэщхьэгъусэхэм сабиитI яIэщ.
 Ассанж Джулиан псалъэ шэрыуэкIэ къыщхьэщыжауэ щытащ Азербайджаным и президент Алиев Ильхам «BBC» британ IуэхущIапIэм и корреспондентым жэуап щритым. Азербайджаным цIыхухэр хуиту щыбгъэпсалъэркъым, узыхуейм фIэкIа газет-телевиденэм къыщебгъэгъэлъагъуэркъым жиIэу, къеща журналист бзылъхугъэм Алиевым пидзыжауэ щытащ: «Уи къэралым Ассандж Джулиан ирищIар пщIэжу, интернетыр хуиту щызекIуэ Азербайджаным пэжыр щыдакъузэ жыпIэу ара?»
 «Тортым ещхьщ ар, - жеIэ Ассанж, дунейпсо политикэр зэрызекIуэм теухуауэ. - И лъабжьэм щIэлъ коржыр Китайрауэ фи нэгум къыщIэвгъэхьэт. И щIыIум телъыр – Урысейрщ. Азие Курытыр а тIум я зэхуакум дэцIэлъа кремщ. Китаймрэ Урысеймрэ щхьэж и фейдэ зэрыхэлъым елъытауэ, Азие Курытыр я зэхуакум «дацIэлъ». Ирагъэлеймэ, къыдэтIэтIынущ. Тортыр зыгъэщIэращIэр США-рщ. Абы увыIэгъуэ имыIэу «ищхьэ коржым» и Iэщэ зэгъэпэщыпIэхэр, тIасхъэщIэх IуэхущIапIэхэр, кIэлъыплъакIуэхэр къытрипхъэху, езы тортыр нэхъ хьэлъэ мэхъури, кремыр къыдотIэтI».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: