Ди «Псэ Жыгыр»Фэеплъ Скульптор ГъущIапщэ Арсенрэ архитектор Мату Зауррэ ящIа «Псэ жыгыр» 2004 гъэм ягъэуващ. Ар I763-I864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъщ. Шэрхъ щIыкIэу гъэжа бетоным тещIыхьащ жэзым къыхэщIыкIа, метрибл зи лъагагъ жыгыр. Псэ жыгым къудамибл иIэщ. «Къудамиблым къагъэлъагъуэ лIакъуибл: адыгэхэм благъагъэр лIакъуиблкIэ къабжыр. Фэеплъыр зауэмрэ щыгъуэмрэкъым зи нэщэнэр, атIэ гъащIэ къегъэлъагъуэ. Псэ жыгым и дамыгъэр Мейкъуапэ, Хьэт культурэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ урохьэлIэ», - жеIэ ГъущIапщэм.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|