Теплъэр зыгъэин Iэмэпсымэхэр

X-нэ лIэщIыгъуэм хьэрып щIэныгъэлI Ибн аль – Хайсам (Альгазен) гу лъитащ хьэрфхэр абджыпс пIащIэм нэхъ ину зэрыуигъэлъагъум. Оптикэм теухуа и трактатым къыщигъэлъэгъуащ апхуэдэ абджым ущыпхыплъкIэ нэхур зэрытридзэ щIыкIэхэр. Альгазен къэплъытэ хъунущ оптикэ щIэныгъэм и зэхэублакIуэу. Ауэ абы и оптикэ щIэныгъэр къызэтеувыIэри, зэман кIыхькIэ и пIэм икIакъым. I267 гъэм инджылыз философ Бэкон Роджер къихутащ абджыпс линзэхэр къызэрагъэсэбэп Iэмалыр. Бэкон линзэхэр абджым къыхиIущIыкIырт зи нэм щIагъуэу имылъагъухэм папщIэ. Абыхэм ящыщ зы линзи тыгъэ хуищIауэ щытащ Климент IV-м.
I820-I883 гъэхэм Европэм оптикэ Iэмэпсымэхэр - лорнетхэмрэ телескопхэмрэ - цIыху гъащIэм къыхыхьащ. ОптикэкIэ гъэинын Iэмалым Европей щэнхабзэми зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьауэ жыпIэ хъунущ. Астроном Уильям Гершель (I792-I87I) и зэфIэкI хилъхьащ телескоп лIэужьыгъуэщIэхэр къэгупсысыным. Уеблэмэ къэунэхуащ унэм къыщагъэсэбэп телескопхэри. 
I830 гъэхэм зыплъыхьакIуэхэм (туристхэм) къагъэсэбэп хъуащ нэрыплъэхэмрэ лорнетхэмрэ. ЩыIэт лорнетыр къызэрагъэсэбэп хабзэхэр. 
I820 гъэхэм Англием къыщежьащ тхыгъэр зэрагъэин абджкIэ еджэныр. Тхылътедзэ Пикеринг Уильям (I796-I854) къигупсысащ щэкI тхылъ напэ пIащIэхэр. Ахэр тыншу къепхьэкI хъурт жыпкIэ. Пикеринг поэмэхэмрэ романхэмрэ хьэрф цIыкIу дыдэкIэ тедзауэ къыдигъэкIыу щIидзащ. ТхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъжьейхэр пхъуантэ цIыкIум дэлъыжт, абы зэрагъэин абджи щIыгъут. Апхуэдэ тхылъхэр тыгъэ ящI хъуат. 
XIX–нэ лIэщIыгъуэм тхылътедзэхэм зэрагъэин абджыр къагъэсэбэпащ, сабийхэр тхылъым драгъэхьэхын папщIэ. ЦIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнт лупэкIэ хьэрфхэм къеджэну. 
 XVII – нэ лIэщIыгъуэм Германием къыщыунэхуащ «гуккастенкIэ» зэджэ, теплъэр зыгъэин ашыкхэр. Апхуэдэ ашыкхэр уэрамхэм дагъэувэрт. ЦIыхухэм пщIэ щIатурэ линзэ зыхэт дамэдазэм дэплъэрти, теплъэ гъэина (панорамэ) телъыджэхэр къалъагъурт. 
Импрессионист сурэтыщIхэми къагъэсэбэпащ оптикэ Iэмэпсымэхэр. Импрессионистхэм яджырт оптикэм и хабзэхэмрэ нэм и зэхэлъыкIэм теухуа щIэныгъэмрэ. ЦIыхур сурэтым еплъа нэужь, а теплъэр нэ кугъуэм тэлайкIэ къызэринэр импрессионитсхэм къагъэсэбэпащ. 
Оптикэ Iэмэпсымэхэр щхьэпащ кино къэунэхунми. 
 

Зыгъэхьэзырар НафIэдз Мухьэмэдщ.
Поделиться: