Илъэс тIощIкIэ ягъэтIысынкIэ мэхъуКъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ республикэм щыщитIым я щIэпхъаджагъэр.
Яубыдахэр щыпсэу щIыпIэхэр къыщаплъыхьым къагъуэтри къытрахащ полимер зэкIуэцIылъ 23-рэ пакети 3-рэ. Абыхэм «героин» наркотикхэкI грамм 887,5-рэ илът. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIыну я мурадт.
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм СледствэмкIэ и къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.I статьям и 4-нэ Iыхьэм и «г» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр ялэжьауэ шэч хуащIу. Апхуэдэ къуаншагъэ зыщIар илъэс 20-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.
Поделиться:
Читать также:
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
01.05.2024 - 11:18 →
CурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ
01.05.2024 - 10:01 →
ЗэчиифIэм и щапхъэ
01.05.2024 - 08:58 →
Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|