Лъэпкъыр зэрыгушхуэ щIэныгъэлI

ЩIэныгъэлI нэскIэ узэджэ ­хъунур зи дуней еплъыкIэкIэ къызэрымыкIуэу, зыпэрыт IэнатIэм дихьэхарэ ихъуреягъкIэ щекIуэкI гъащIэри зи щIэщы­гъуэ, абы жыджэру хэт цIыхурщ, бгъэдэлъ щIэныгъэ куур, зэ­фIэкI лъагэмрэ щэн екIумрэ а псоми щIыгъужу. Бэрбэч Хьэ­тIутIэ и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ Мэшыкъуэ Нуралий апхуэдэ лъэпкъ еджагъэшхуэхэм халъытэ. Ар УФ-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэщ, химие щIэныгъэхэмкIэ докторщ, КъБКъУ-м и профессорщ. Нуралий ящыщщ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ лъэпкъ IэщIагъэлIхэм, ди щIыналъэм и жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм.

Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэмрэ щIэныгъэ-къэ­хутэныгъэ лэжьыгъэмрэ илъэс 50-м щIигъуауэ зэдехь Мэшы­къуэм, ныкъусаныгъэ хэмылъу, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу, и Iуэху зехьэкIэмрэ дуней еплъыкIэхэмрэ куэдым щапхъэ яхуэхъуу. ЩIэныгъэлI щыпкъэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 75-рэ ирокъу. ­ГъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ, Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэдкIэ гъэн­щIа, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъми щалъхуа щIыналъэми яхуэ­щхьэ­пэн лэжьыгъэ инхэр щызэфIигъэкIа, къызэпичащ щIэныгъэлI щыпкъэм, ноби жыджэру абы хэтщ, гупсысэщIэхэмрэ жэрдэ­мыщIэхэмрэ и куэду.
Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Малкэ къуажэм 1947 гъэм шыщхьэуIум и 13-м къыщалъхуащ Мэшы­къуэр. Зи сабиигъуэр зауэ нэужь илъэс хьэлъэхэм ирихьэлIа щIалэ цIыкIум псэкIэ зыхимыщIэу къэнакъым лъэхъэнэм пыщIа ­гугъуехьхэр, арщхьэкIэ ар къэ­хъуащ дыкъэзыухъуреихь дунейр, абы и зэхэлъыкIэр фIэ­хьэлэмэту, цIыхур, гъащIэр фIы­уэ илъагъуу. А псоми я къежьапIэр, дауи, ар къыщалъхуа, щапIа, лъэпкъ хабзэмрэ нэмы­сымрэ щытепщэ, щIэныгъэм пщIэ щыхуащI адыгэ унагъуэ­шхуэрт. Абы зэрыжиIэжымкIэ, и сабиигъуэр щрихьэкIа я къуажэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу фIыуэ елъагъу, игуми илъ зэ­пытщ.
- БлэкIам щыщу си нэгу куэдрэ къыщIохьэж Балъкъ и Iуфэм щыдгъэкIуа зэман IэфIыр, дыкъыщыхъуа ди адэжь лъапсэр. Дэ ар ноби дыбгынэркъым: нэхъыжьхэр дэмысыжми, ди шынэхъыжьым къыщIэна унагъуэм докIуэлIэж. Адэжь лъапсэм хуэдэу нэгъуэщI зыщIыпIи си псэм зыщигъэпсэхуркъым, - жеIэ Нуралий. – Си адэ-анэ Иналрэ Серэрэ (ар Къардэнхэ япхъут) я бынунагъуэшхуэм илъа фIыгъуэ лъапIэхэм ящыщт хабзэр, нэмысыр, зэгурыIуэр. Зэщхьэ­гъусэхэм щIалитху дакъыщIэ­хъуати, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, пщIэ­рэ нэмысрэ дяку дэлъу дагъэсащ.
ЦIыхухъу быныр абы и лъэныкъуэкIэ адэм нэхъ егъэщIылIат. Инал къуажэм дэта мэкъумэш артелыр и IэмыщIэ илъу щытащ, Серэ колхоз лэжьыгъэм я къару емыблэжу хэта, унагъуэ зехьэнри, сабий пIынри зэдахьу къэгъуэгурыкIуа къуажэдэс бзылъхугъэхэм ящыщщ. Абыхэм яхузэфIэкI къагъэнакъым зэш­хэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ ирагъэгъуэтын папщIэ. Нуралий зэрыжиIэмкIэ, зэкъуэшхэм я тхьэкIумэм иджыри итщ Инал и ущие псалъэхэр: «ФызэувэлIа дэтхэнэ лэжьыгъэри и кIэм нэсу, тэмэму, IэкIуэлъакIуэу зэфIэфх. КъыкIэрыхухэм зэи захэвмы­гъахуэ. Лъэпкъыр, ныбжьэгъур вгъэпэж».
Адэ-анэм я псалъэхэмрэ шынэхъыжьхэм я щапхъэмрэ гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуу, пэрытыныр я мардэу къэтэджащ зэкъуэшхэр. Школым щыщеджа илъэсхэм къыщыщIэдзауэ къыкIэрыхухэм зэи ящыщакъым Нуралий, уеблэмэ и хьэл-щэнкIи и еджэ­кIэкIи щапхъэу ягъэлъагъуэу ­къекIуэкIащ. Еджэным илъэс къэс къыхыхьэ дэтхэнэ предметыщIэми адрейхэм емыщхь гъэщIэгъуэнагъ зэрыхэлъыр зыхищIэу, абыхэм дахьэхыу еджэрт. 1966 гъэм курыт еджапIэр дыщэ медалкIэ къиуха нэужь, дунейм, щIыуэпсым я зэхэлъыкIэр хуабжьу зыфIэхьэлэмэт щIалэщIэм мурад ищIащ химиемкIэ бгъэ­дэлъ щIэныгъэм адэкIи хигъэ­хъуэну. Ар лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ Менделеевым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Урысей химие-технологие университетым. Абы щыгъуэ ищIа хэхыныгъэм зэи хущIегъуэжакъым Нуралий. Абы зэрыжиIэмкIэ, химием хуэдэу хьэлэмэт куэд зыпкърылъ, Iэмал куэд къызы­къуэзыхыфын щIэныгъэ зэры­щымыIэр занщIэу къыгурыIуат абы.
- Ди егъэджакIуэр тщIыгъуу ­едгъэкIуэкI химие опытхэр хуабжьу сфIэфIт. ИкIи абы щыгъуэ сэ мурад сщIащ а щIэныгъэм и щэху куэд къэсхутэну, и зэфIэкI телъыджэхэм куууэ щыгъуазэ зысщIыну, - а зэманыр игу къегъэкIыж Мэшыкъуэм. - Къинэ­мыщIауэ, къуажэмкIэ дэ дыщиIэт зы унагъуэм хуэдэу дызэдэпсэууэ гъунэгъуфI дыдэ - МэкIэтIейхэ. Абыхэ я къуэ Абдулыхь а зэма­ным щеджэрт сэ си нэ къызы­хуикI химие еджапIэ нэхъыщхьэми, абыи сыт и лъэныкъуэкIи сытригъэгушхуащ а IэщIагъэр къы­хэсхыным.
 И насып кърихьэкIри, щышколакIуэм дэзыхьэхауэ щыта щIэныгъэр IэщIагъэ хуэхъуащ Нуралий. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэм щыхьэт техъуэ диплом 1971 гъэм къратыжащ абы икIи и гъащIэм и фIыпIэу къилъытэ илъэсхэм ящыщ куэди а химие къэхутэныгъэхэм тыхь яхуищIащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситIым Нуралий дзэм къулыкъу щищIащ. Офицер щIалэщIэм къалэн лъапIэр щрихьэкIащ Монголиемрэ Забайкальемрэ.
1973 гъэм Мэшыкъуэр къэкIуэжащ щалъхуа щIыналъэм икIи абы лъандэрэ КъБКъУ-м щолажьэ. Къэхутэныгъэхэм хуабжьу дахьэх Нуралий лэжьэн зэ­ры­щIидзэрэ куэд дэмыкIауэ, игъэ­хьэзыращ и кандидат диссертацэр. Ар 1980 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу щыпхигъэкIащ езыр щеджа Урысей химие-технологие университетым. ИужькIэ, 1991 гъэм, щытхъу куэд зыхужаIа, пщIэшхуэ зиIа и доктор диссертацэри утыку кърихьащ. Мэшыкъуэм а щIэныгъэ лэжьыгъэри щыпхигъэкIар Москващ.
Мэшыкъуэ Нуралий и доктор диссертацэр зытеухуауэ щытар микровещество хэхахэр хэлъхьауэ, полимерхэр нэхъ быдэ щIы­нырт, абыхэм къыхащIыкI хьэп­шыпхэр нэхъыбэрэ зекIуэн щхьэ­кIэ. Лъэпкъ IэщIагъэлI гумызагъэм зэфIиха а къэхутэныгъэхэр щIэныгъэм цIэрыIуэ зэрыщы­хъуам и мызакъуэу, апхуэдэ хьэп­шыпхэр къыщIэзыгъэкI заводхэм я лэжьыгъэм куууэ къыщагъэсэбэп хъуащ зэман кIэщIым къриубыдэу. ЩIэныгъэ тхыгъэ, теорие къудей мыхъуу, ди республикэм щыIэ «Техноприбор» заводым, Калугэ областым хыхьэ Обнинск къалэм дэт химие предприятэм я лэжьыгъэм хапщауэ икIи ехъулIэныгъэфIхэр иIэу къыщагъэсэбэп технологиещ ар. Химием иIэ апхуэдэ Iэмалхэм тещIыхьащ Ставрополь крайм и фирмэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ «Агропак» IуэхущIапIэм и лэжьыгъэри. А IуэхущIапIэхэм Мэшыкъуэр я техникэ унафэщIу щытащ, чэнджэщэгъуфIу яIэщ ноби.
Еджагъэшхуэм бгъэдэлъ зэ­фIэкI лъагэхэм теухуауэ абы щытхъушхуэ къыхужиIащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ щIэныгъэлI, академикышхуэ Гладышев Георгий. Езым унэтIакIуэу иIа а еджагъэшхуэм и щапхъэм тету, Нуралий гурэ псэкIэ ядолажьэ щIэныгъэм япэ лъэбакъуэр щызыч щIалэгъуалэм. ЩIэблэм яхэтыныр, абыхэм ямыщIэ гуэрхэр яригъэщIэныр, хуей хъумэ, чэнджэщ яритыныр - ахэр пщIэи жэуаплыныгъэшхуи зыпылъ Iуэ­ху­гъуэхэщ Мэшыкъуэм и дежкIэ. Дауи, ар егъэджэныгъэм зэ­рыпэрыт илъэс 50-м щIигъум ­къриубыдэу IэнатIэм зэхъуэкIы­ныгъэ куэд игъуэтащ, цIыхупсэм, гупсысэм, дуней еплъыкIэм хуэдэу. Нуралий къызэрилъытэмкIэ, адыгэхэр нэхъапэм щIэныгъэм нэхъ хуэпабгъэу щытащ, ауэ иджыри мащIэкъым къэ­хутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыну, зи зэфIэкIыр лъэпкъ зыужьыныгъэм езыхьэлIэну хьэзыр ныбжьыщIэхэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ щIалэгъуалэм яхэтщ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыкъуэзыххэр.
- Къапщтэмэ, сэ си аспиранту, докторанту щытахэм ящыщ куэд ехъулIэныгъэ яIэу мэлажьэ. Псалъэм папщIэ, сызэрыгушхуэ си гъэсэнхэм ящыщщ щIэныгъэлIхэу Мэлэмэт Ахьмэд, Хьэщхъуэжь Людмилэ, Мэшыкъуэ Бэллэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Уи лэжьыгъэм къыпызыщэфын, ­къепхьэжьа Iуэхухэм нэхъри зезыгъэужьу адэкIэ зыгъэ­кIуэ­тэфын щIэблэ уяужь къихъуэныр - ар насыпышхуэу къызолъытэ, - и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ нэхъыжьыр. - Куэдым нэсу къагурыIуэркъым щIэныгъэфI зыбгъэдэлъхэм гъащIэм пщIэ нэхъ щаIэ зэрыхъужынум. А зэманыр апхуэдэуи жыжьэжкъым. Нобэ­кIэ мылъкум уи нэр къыщебгъапхъуэ хъунукъым: щIэныгъэ куум пэшэчэфын мылъку щыIэкъым. Аращ ди студентхэр зыщIэдгъэдэIур. ЩIэныгъэфIым зыкIи пездзыхыркъым гъэсэныгъэ екIур, лъэпкъ хьэл-щэн дахэр. ЦIыху мыгъасэм щIэныгъэ куу пхуетынукъым.
Мэшыкъуэ Нуралий и нэIэм щIэту я лэжьыгъэхэр ягъэхьэзыращ щIэныгъэхэм я докторрэ кандидату 20-м нэсым. КъБКъУ-м щылажьэ диссертацэ советым хэту, абы и унафэщIу щыту, химие экологиемкIэ и кафедрэм и унафэщIу лажьэу ар хущIэкъуащ химие экологие, пластмассхэм я нанотехнологие унэтIыныгъэхэм нэхъри зегъэужьыным, абыхэмкIэ къэхутэныгъэщIэхэр егъэкIуэ­кIыным. Езы еджагъэшхуэм и ­къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 300-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ монографие щхьэхуэхэр, методикэ пособиехэр, статья хэхахэр. Апхуэдэу абы щIэуэ къигупсысащ хьэпшып зыбжанэ. Абыхэм я щыхьэту Мэшыкъуэм къыхуа­гъэфэщащ свидетельствэхэр, патентхэр.
КъБКъУ-р иджыпсту зэлэжь полимерхэм ябгъэдэлъ фIагърэ быдагъкIэ къалъэщIыхьэн Европэ псом зэкIэ щымыIэу къалъы­тэ. Ахэр къэбгъэсэбэпмэ, мэкъу­мэш къэкIыгъэхэр дунейм и къэхъукъащIэхэм хуиту щыпхъу­мэ­фынущ. Абыхэм ехьэлIа къэху-
тэныгъэ куэд Мэшыкъуэм и нэIэм щIэту щокIуэкI еджапIэ нэхъыщхьэм.
ЗэфIих къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр къыщигъэлъэгъуэжа тхыгъэ куэд и къалэмыпэм къыпыкIащ Мэшыкъуэм. Псори зэхэту къапщтэмэ, абыхэм я бжыгъэр 300-м щхьэдох. Лэжьыгъэм яхэтщ монографие щхьэхуи, методикэ чэнджэщ зэрытхэри, еджэным къыщагъэсэбэпхэри. Къинэмы­щIауэ, щIэныгъэлIым къигупсыса Iэмэпсыпэ зыбжанэм патентхэр къыхуагъэфэщащ.
Зи щIэныгъэм дапщэщи хэзыгъахъуэ еджагъэшхуэщ Мэшы­къуэр. Ар зэманым добакъуэ, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм къы­хыхьэ IэмалыщIэхэм щы­гъуазэ зыхуищIу, технологие пэрытхэр лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпу.
Лъэпкъ щIэныгъэм хуищI апхуэдэ хэлъхьэныгъэ иным, зэфIих жылагъуэ лэжьыгъэхэм папщIэ Мэшыкъуэм щытхъу, фIыщIэ тхылъ зыбжанэ къыхуа­гъэфэщащ. Ахэр къабгъэдэкIащ КъБР-м и Правительствэм, ­УФ-м, КъБР-м ЩIэныгъэмрэ егъэ­джэ­ныгъэмкIэ я министерствэхэм, зэгухьэныгъэ зэхуэмыдэхэм. Мэшыкъуэр щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI къудейкъым, атIэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэщ. Ар ТворчествэмкIэ Дунейпсо, ЭкологиемкIэ Урысейпсо Академиехэм хэтщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием япэу хыхьахэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэкIэ абы и вице-президенту, академик-секретару щытащ, ноби адыгэ Iуэхум телажьэ а лъэпкъ зэгухьэныгъэм и Iуэхухэм жыджэру хэтщ.
Тхьэшхуэр унагъуэ дахэкIи зыхуэупсахэм ящыщщ Мэшы­къуэр. Абырэ и щхьэгъусэ Светланэрэ бынитI - пхъурэ къуэрэ - зэдагъуэтащ, екIуу ягъэсащ, щIэныгъэ, IэщIагъэ иратащ, гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Светланэ илъэс куэдкIэ библиотекэ IэнатIэм щылэжьащ. Зэ­щхьэгъусэхэм я щIалэ Анзор Москва дэт къэрал университетым и экономикэ факультетыр фIы дыдэу къиухащ, и щIэныгъэм аспирантурэми щыхигъэ­хъуащ. Я хъыджэбз Аринэ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт медицинэ академием щеджащ, абы и ординатурэми и зэфIэкIым зыщригъэужьащ.
Ди лъэпкъ хабзэр, хьэл-щэнхэр бынхэм яхэлъу гъэсэным гулъы­тэшхуэ дапщэщи щыхуащI Мэ­шыкъуэхэ я унагъуэм. Апхуэдэу абы пщIэшхуэ щиIэщ ди анэдэлъхубзэми. А гъащIэ мардэхэр езыхэм яIа я нэхъы­жьыфIхэм щIэин лъапIэу къы­хуагъэнащ Мэшыкъуэхэ. Ахэр унагъуэ насыпым и къежьапIэу къэзылъытэ, а Iуэхугъуэхэм иригушхуэ цIыхущ Нуралий.
IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа гъуэ­гуанэ купщIафIэ къэзыкIуа лъэпкъ щIэныгъэлI пажэм, къэралым, щалъхуа хэкум заужьыным, ехъулIэныгъэ яIэным и щIэныгъи, зэфIэкIи, къаруи хуи­гъэпсу дунейм тет цIыху щыпкъэм дохъуэхъу и унагъуэ­кIи, къащIэхъуэ щIэблэкIи гукъеуэ имыIэу, и мурадхэр къехъу­лIэу, и насыпым хэхъуэу куэдрэ псэуну. Мэшыкъуэ Нуралий лъэпкъри апхуэдиз къарурэ зэфIэкIрэ зрихьэлIа еджапIэ нэхъыщхьэри зэрыгушхуэ адыгэлI щыпкъэщ.

 

КЪАРДЭН Ритэ.
Поделиться: