Унафэхэр яубзыху

Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ абы хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэу ­Къуныжь МуIэед, Хъубий Марат, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ. 

ЗэIущIэм Iуэхугъуи 9-м щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэр ­халъхьащ Правительствэм и Унафэ зыбжанэм я проектхэм. 
КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министрым и ­къуэдзэ Уянаев Таймураз тепсэлъыхьащ КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министрым Правительствэм къыбгъэдэкIыу щIым ехьэлIа языныкъуэ Iуэхухэм Iэ щIидзыну ­хуитыныгъэ етыным теухуауэ ягъэхьэзыра унафэм и проектым. Ар сэбэп хъунущ дэфтэр зэхуэзыхьэсхэр тхылъымпIэм зэрежьэ пIалъэр гъэмэщIэнымкIэ, Iуэхур нэхъ псынщIэу зэфIэкIынымкIэ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ ­Анзор къыхилъхьащ фокIадэм и 14 - 18 махуэхэм Налшык ЩIалэгъуалэм я Кавказ-Ищхъэрэ фестиваль щекIуэкIынур къызэ­зыгъэпэщын комитет хэхыным, абы и унафэщIу КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат гъэувыным ­теухуауэ ягъэхьэзыра проектым арэзы техъуэну. 
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэ­щыжынымкIэ и министр Асанов Алим правительствэ зэIущIэм хэтхэм я пащхьэ кърихьащ цIыхухэм ядэIэпыкъуным пыщIа Iуэхугъуэ зыбжанэ. Ахэр щытыкIэ гугъу къихута унагъуэ хуэ­мыщIахэмрэ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэхухэм хэтхэм я унагъуэ­хэмрэ къэралыр зэрадэIэпыкъунум епхауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм ищIа унафэм тету, ягъэхьэзырауэ арат. Асановым зи гугъу ищIа IуэхугъуиплIри къызэдащтащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: