«Фи гур фхъумэ»

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм и Диагностикэ центрым жылагъуэ узыншагъэмрэ медицинэ профилактикэмкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэм «Фи гур ­фхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту зэIущIэ щхьэпэ ирагъэкIуэкIащ. Ар къы­щызэрагъэпэщащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зе­зыхьэ республикэ къэрал лъэпкъ библиотекэм.

Дохутырхэм зэхыхьэм кърихьэлIахэр щагъэгъуэзащ гу узыфэхэр зыхуэдэм, ахэр къызыхэкIым, апхуэ­дэуи узыншагъэр зэрыпхъу­мэным, жыджэрагъыр пфIэ­мыкIуэду гъащIэ кIыхь къызэрыбгъэщIэным. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзырат гу узыншэмрэ узым иубыдамрэ зэрызэ­щхьэщыкIыр къозыгъащIэ сурэтхэр щызэхуэхьэса плIанэпэ щхьэхуэ, «Фи гур фхъумэ» тхылъ гъэлъэ­гъуэныгъэ, Iуэхум ухэзыгъэгъуазэ буклетхэр. 
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм кърихьэлIахэм хуагуэшащ ерыскъы узыншэ шхыным, ­физическэ жыджэрагъ зэ­рыпхэ­лъыпхъэм, узыншагъэм зэран хуэхъу хьэл мыхъу­мыщIэхэр IэщIыб зэрыпщIынум, инфаркт, инсульт зы­гъуэтар зыхуэныкъуэ япэ дэIэпыкъу­ныгъэм ухуэзыгъасэ чэнджэ­щхэр зэрыт тхылъ цIыкIухэр.
Мыпхуэдэ зэхыхьэхэр хуэунэ­тIащ гъащIэ узыншэ епхьэ­кIыныр гу-лъынтхуэ узыфэхэм защыпхъумэнымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр цIыху­хэм я деж нэхьэсыным.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: