ШыщхьэуIум и 13, щэбэт
♦Зи Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ
♦1908 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь.
♦1915 гъэм къалъхуащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Безрокъуэ Хужь.
♦1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ.
♦1947 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Мэшыкъуэ Нуралий.
♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и къуажэ Iэтащхьэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъыта Къуныжь Хьэчим.
♦1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Юрэ.
♦1963 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист Ташло Алий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 19 - 21-рэ щыхъунущ.
ШыщхьэуIум и 14, тхьэмахуэ
♦Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щIидзащ.
♦1932 гъэм Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.
♦1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн.
♦1948 гъэм къалъхуащ Тыркум щылажьэ КАФФЕД-м и президенту, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Джандемир (Гугъэв) Джихьан.
♦1956 гъэм къалъхуащ IэпщIэлъапщIэ, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав.
♦1961 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналист Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ.
♦1966 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 31-рэ, жэщым градус 20 - 21-рэ щыхъунущ.
ШыщхьэуIум и 15, блыщхьэ
♦1855 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, джэгуакIуэ Теувэж Дзыгъуэ.
♦1936 гъэм къалъхуащ Шэрджэсым и япэ егъэджакIуэ, ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр зыхуагъэфэща Уэхъутэ Хьэсэн.
♦1907 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, полковник КIыщокъуэ Рашид.
♦1940 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэцэ Владимир.
♦1941 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэкъуауэ Хьэсэн.
♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Горлов Михаил.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 21 - 22-рэ щыхъунущ.